И псэм и хуабагъэмкIэ ядогуашэНобэ социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхухэм ящыщщ социальнэ лэжьакIуэ Итий Светланэ. МахуэщIэм и пщэдджыжьыр абы къызэрыщIидзэр илъэс зыбжанэ хъуауэ зэса IуэхукIэщ – и нэIэм щIэт зыкIэлъыплъ нэхъыжьхэм я унагъуэхэм макIуэ. Абыхэм я деж хуэзышэ гъуэгуанэм здытетым абы иджыри къалэн зыбжанэ зэфIегъэкI: хэт хущхъуэ, хэти ерыскъыхэкIхэр къыхуещэху, адрейм газетхэр къыхуздещтэ, дэтхэнэми фIыуэ илъагъу кIэнфетыр ещIэри, зым и дежи Светланэ IэнэщIу еблагъэркъым. Жьы хъуахэм псэукIэм епха Iуэхухэр зэрадигъэпсынщIэм къищынэмыщIауэ, социальнэ лэжьакIуэхэм абыхэм яхузэфIегъэкI дэтхэнэми гъащIэм къытхуигъэув къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр. - Нэхъыжьхэм нэхъыбэу къатехьэлъэр закъуэныгъэрщ. АбыкIэ хущхъуэ нэхъыщхьэр гуапэу ядебгъэкIуэкI псалъэмакъ къызэрыгуэкIхэрщ. Я Iуэху зыIутым, я махуэр зэрагъэкIуам узэрыщIэупщIэ къудейм ахэр къегъэгумахэ. ФIыуэ ялъагъу IэфIыкIэр зыщIыгъу шейм уадефэурэ къуажэм щекIуэкI хъыбархэм уадытепсэлъыхьыныр абыхэм зыми памыщI дакъикъэщ, я нэр къыхуикIыу махуэ къэс а зэIущIэ гуапэм поплъэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ныбжьыр хэкIуэта нэужьщ зы мащIэ тIэкIуми цIыхур насыпыфIэ зэрищIыфыр къыщыдгурыIуэр, - жеIэ Светланэ. Итий Светланэ Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школ №2-р къиуха нэужь, ар щеджащ Налшык дэт Педагогикэ колледжым. Абы иужькIэ зригъэгъуэта IэщIагъэмкIэ ар ядэлэжьащ зи узыншагъэм къимыхь сабийхэм. Апхуэдэу екIуэкIыурэ социальнэ лэжьакIуэм и къалэнхэр езыхьэкI я гъунэгъу бзылъхугъэр пенсэм щыкIуэм, и пIэм иувэну къыхуигъэлъэгъуащ. Тегушхуэри пэрыуващ сэбэпынагъэшхуэ зиIэ IэщIагъэм. Светланэ и лэжьыгъэр щрихьэкIыр Аргудан къуажэрщ. Ар якIэлъоплъ зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхуихым, дэтхэнэми зэныбжьэгъугъэ зэхущытыкIэ гуапэхэр яхуиIэ хъуауэ. Жэуаплыныгъэ, цIыхугъэ, гуапагъэ, шыIэныгъэ, зэхэщIыкI пхэлъынырщ мы IэщIагъэм щынэхъыщхьэр. А хьэл-щэн псори дыболъагъу бзылъхугъэм, шэчыншэу аращ абы и нэIэм щIэт дадэ-нанэхэр арэзы щIызыхуищIыфри абыхэм я пщIэр къыхуэзыхьари. «Егъэлеяуэ псэ къабзэ, хьэлэл зиIэщ Светэ. ЩыIэщ цIыху, къыбгъэдэкI нэхугъэ къарумкIэ и хъуреягъым ядэгуэшэфрэ гукъыдэж яриту. Мис апхуэдэщ мы бзылъхугъэр. ЦIыху куэд щыIэкъым езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIыу, хамэм и гугъуехьыр хузэфIигъэкIыну. Сыт хуэдэ зэманым абы зыхуэбгъазэми, укъигъэщIэхъунукъым, хузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрыпхуэхъуным хуэхьэзырщ. Абы къегъэлъагъуэ Светланэ гу щабэ зэриIэри и гущIэгъур здынэсри. Мис ахэр уасэншэ зимыIэ хьэлщ», - жеIэ Итийр зыкIэлъыплъхэм ящыщ Сэбаншы Динэ. - Уи IэщIагъэр уи гумрэ псэмрэ къыдыхьэмэ, а лэжьыгъэр зыхуэпщIэхэр фIыуэ плъагъумэ, уи IэнатIэр тыншу епхьэкIынущ, - жеIэ Светланэ. – Гулъытэм зэман хэха иIэкъым. Абы и мыхьэнэр нэсу къыбгурыIуэн хуейщ ди лэжьыгъэр цIыхухэр арэзы тщIыуэ етхьэкIыфын папщIэ. Псэм и хуабагъымкIэ уадэгуэшэфмэщ Iуэхум ущехъулIэнур. И IэнатIэм щиIэ зэфIэкIхэм къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Ауэ езы Светланэ тыгъэ нэхъ лъапIэу къилъытэр фIыуэ илъэгъуа дадэхэмрэ нанэхэмрэ я арэзыныгъэмрэ я фIыщIэмрэщ. ГУБЭШЫ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
14.02.2025 - 16:32 →
Сом меларди 9-м щIигъу
14.02.2025 - 16:27 →
Лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкI
14.02.2025 - 15:34 →
Тхылъыр – тыгъэу!
14.02.2025 - 13:23 →
КIэрыхур ягъэмащIэ
14.02.2025 - 13:18 →
Жылагъуэ Iуэхухэмрэ щIэныгъэ лъагъуэмрэ
|