Лэжьыгъэхэр нэхъри щIагъэхуабжьэ![]() «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм къигъэув Iуэхугъуэхэр илъэсым и кIуэцIкIэ зэпымыууэ зэрырагъэкIуэкIым гу лъызымытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яхэту къыщIэкIынкъым. Къалэ уэрамхэр зэрагъэпэщыж, щIыналъэхэм щыIэ къуажэхэмрэ жылэхэмрэ я гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж, уеблэмэ трахыу щIэрыщIэу тралъхьэжхэри мащIэкъым. ЖыпIэнуращи, гъуэгуухуэ IэнатIэм пэрытхэм щIыпIэхэм я теплъэр гъэдэхэным къаруушхуэ ирахьэлIэ. Ди лъахэм зыщагъэпсэхуну икIи зыщаплъыхьыну къихьэхэм ялъагъухэр интернетым щIэх-щIэхыурэ кърагъэувэ. Иджы ятх текстхэм дамыгъэтедзэхэр (#) хуащI хъуащи, ахэр къэгъуэтыгъуейкъым. Мис а тхыгъэхэм щыгъуазэ защыхуэпщIкIэ, нэхъыщхьэу къыхагъэщхэм хохьэ ди щIыпIэхэм гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным гулъытэ хэха зэрыщигъуэтыр, зекIуэныр тIэкIу гугъу щищI къыхэкIми, ар щIыналъэм и зыужьыныгъэхэм я нэщэнэу зэрыщытыр. Къаплъэ нэхърэ къиплъ, жаIэ адыгэхэм. ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хуэдэ жэрдэмхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм щылажьэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу абы зыщиубгъуа къэгъуэтыгъуейщ. Хамэ щIыналъэхэм къикIахэм абы гу щIылъатэми, щIагъэщIагъуэми, хъуапсэ хэлъу щIытепсэлъыхьми и щхьэусыгъуэхэм ар ящыщщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къуажэ щIагъуэ итыжкъым зи гугъу тщIы гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэм хуэдэ щемыкIуэкI. Апхуэдэу Шэджэм щIыналъэм Шэджэм ЕтIанэ къуажэм къыщегъэжьауэ Булунгу нэсыхункIэ дэлъ гъуэгум мы лъэхъэнэм лэжьыгъэшхуэ иращIэкI. Нэгъабэ кърагъэжьа Iуэхугъуэхэм мы гъэми пащэ. Зи гугъу тщIы гъуэгур къуажихым – Шэджэм (Къундетей), Лашынкъей (Тохъутэмыщей), Шэджэм Ищхъэрэ (ЩIэжыкъуей), Хъущтэ-Сырт, Эльтюбю, Булунгу – зэдайщ. Къапщтэмэ, гъуэгум километр 65-кIэ зеубгъу. Абы щыщу гъуэгуухуэхэм мы далэм зэрагъэпэщыжыр километр 27-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу Iыхьэрщ. Ари щIэрыщIэу тралъхьэж жыпIэмэ, щыуагъэ хъуну къыщIэкIынкъым. Лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм щыщу километритI хуэдиз хъуныр Шэджэм псыкъелъэхэмрэ ЩIэжыкъуей псыкъелъэхэмрэ йокIуалIэ, абдеж цIыхухэр Iуву зэрыщызэхэзекIуэм къыхэкIыу, нэхъ бгъуэ ящI, машинэ гъэувыпIэхэр зэрагъэпэщ. Мы щIыпIэхэм шхапIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, джабэ кIэрыхьапIэхэр, псыхъуэ дыхьэпIэхэр мымащIэу зэрыщыIэр къыхэгъэщын хуейщ. Абы къыхэкIыу, япэ дыдэрауэ, гъуэгуухуэхэр цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ Iэмалхэм егупсысын хуейуэ щытыкIэ йоувэ. ЕтIуанэрауэ, щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм епхащи, цIыхур нэхъыбэу къызэрепшэлIэфын теплъэ иратын хуейуэ къапэщылъщ. Ещанэрауэ, щIыпIэхэм яIэ тхыдэ мыхьэнэр хъумэным пыщIащи, щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ къабзэу къызэтезынэ кIуэрабгъухэри къалъытэн хуейщ. Мы пIалъэм ирихьэлIэу гъуэгум телъ асфальт къилъэлъам щыщ къытрамынэу трахащ, тIуащIэу зэтелъын хуей асфальтобетоным къатыщIэр тралъхьащ. Иджыпсту зи ужь итыр асфальтбетоным и къатыщхьэр телъхьэнырщ, ар зызрагъэукъуэдия гъуэгубгъухэм ирагъэубыдынырщ. Мывэкъелъэхэр щыкуэд щIыпIэхэм зэрыпхыкIым къыхэкIыу, асфальтобетоныр зытралъхьэ гъуэгум и куэщIыр ягъэкуун хуей мэхъу, псынщIэу къриуду нэпкъым ирихьэхын щхьэкIэ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгум и нэзитIми бордюрхэр хуащIыжащ. Абы, гъуэгур зэрынэшэкъашэм къыхэкIыу, асфальтобетоныр псыхъуэм дихьэным пIалъэ кIыхькIэ пэщIэтыфынущ. УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгум дяпэкIэ зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ, уэздыгэ пкъохэр хатIэнущ. Лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум псори гъэмахуэм зэфIагъэкIыну я гугъэщ. Гъуэгум иращIылIэ хуэIухуэщIэ псори ягъэнэхуа пIалъэм тету йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|