Сыт и щыIэкIэ латиныбзэм?ГъэщIэгъуэнщ Дэ псоми дощIэ: и бзэр щыIэхукIэщ лъэпкъыр зэрыпсэур. Ар зыфIэкIуэдар лъэпкъым. Ауэ езы бзэр псэункIэ мэхъу, зыIурылъахэр хьэрыкъуакIэ дыхьэжами. Пэжу, апхуэдэ щапхъэхэр закъуэтIакъуэщ. Пасэрей Урымым (Римым) щытепщэу щытащ бзитI: империе абрагъуэм и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъыщхьэу щыщыщытыр латиныбзэрт, къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ - алыджыбзэрт. ЛъэщыгъэкIэ абы хагъэхьа лъэпкъипщIхэм я бзэхэм яIэр щIыпIэ мыхьэнэт. Ауэ латыныбзэр уват хабзэхэр къызэрыдагъэкI, Iуэхухэр зэрызэрахьэ, дзэхэм унафэ зэрыхуащI, сатур зэрызрагъакIуэ бзэуэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, езы лъэпкъхэри зэрызэпсалъэр арат. Империер лъэлъэжа иужь бзэхэр зэхэзэрыхьыжыпат. Хэбгъэзыхьмэ, зы лъэпкъым щыщхэр щызэгурымыIуэж щыIэт, я псэлъэкIэр апхуэдизкIэ зэщхьэщыкIырти. Британие хытIыгухэм, уеблэмэ щызэгурыIуэжыртэкъым лIакъуэлIэшхэмрэ абыхэм я къулеигъэхэр къахуэзылэжь мэкъумэшыщIэхэмрэ. Япэрейхэм франджыбзэм хэщыпыхьу къыхаха псалъэхэм нэхъ трагъащIэрт. Абы иригузэващэу фэ ятеттэкъым гуп хэIэтыкIахэм. АрщхьэкIэ ущыкъэралкIэ, ар зехьэн, уи гъунэгъухэм сату ядэпщIын, Iуэхухэр зебгъэкIуэн хуейт. Мис мыбдеж ягу къэкIыжащ зэгуэр псори зэпызыщIэу къекIуэкIа латиныбзэр. Ар жыжьэ кIуатэкъым - къыдэхыжауэ тIэкIу есэбэуэн хуей къудейт. ХII-ХIII лIэщIыгъуэхэм алыдж, хьэрып тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр латиныбзэкIэ уэру зэрадзэкIыу хуежьащ. Ар щIэдзапIэ къудейт. Зэман дэкIри, латиныбзэр Европэм и еджапIэ псоми щрагъэджу хуежьащ. А бзэр пхуэмыгъэшэрыуэмэ, абы и щэхухэм ущымыгъуазэмэ, щIэныгъэлIу укъалъытэнутэкъым. Ауэ ар куууэ зэбгъэщIамэ, тыншу икIи укъыхэмыщтыкIыу уепсэлъэфынут дэтхэнэ лъэпкъым щыщми. Дауи, ари уэ пхуэдэу еджамэ… Уегупсысмэ, къэрал, лъэпкъ псори иризэпсэлъэну бзэ щхьэхуу щыт эсперантэм ещхь гуэрт. Ар къагъэсэбэпырт католик дин лэжьакIуэхэми, дохутырхэми, дипломатхэми, еджагъэшхуэхэми, усакIуэхэми. АрщхьэкIэ къыбдамылъхуа псори IэрыщIщ. Латиныбзэм щыгъуазэтэкъым щIэныгъэншэхэр. Апхуэдэхэри, дауи, куэдкIэ нэхъыбэт. Арати, лъэныкъуэкIэ екIуэтэкIыжу хуежьащ. ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм утыку къихьащ лъэпкъыбзэхэр. Гу лъатащ абыхэмкIи къэралхэри Iуэхухэри зэрыпхузехьэнум. Ауэ тепщэ гупхэм къахэкIащ зи лъэпкъыбзэхэр къызэрыгуэкIыу, купщIэншэу, я гупсысэ «хэIэтыкIахэр» кърамыIуэтэфу жызыIахэр. Ахэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыгъэхъуащ. Иджы ямыдэж Октябрь революцэр къэсыху Урысейм, къапщтэмэ, лIакъуэлIэш унагъуэхэм щызекIуар франджыбзэрщ. Жыжьэ дыщIэIэбэни щыIэкъым: хэкIуэдэжыным нэса лъэпкъ цIыкIухэми къалъэIэсауэ щытащ а уз зэрыцIалэр - дигу къэдгъэкIыжыну ирикъунщ ди литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ЩоджэнцIыкIу Алий и «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр… Пэжу, абы игъэбатэр урысыбзэрт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, гъэщIэгъуэнщ ди бзэр тхъумэжын, лъэпкъыу дыщытын папщIэ Iэмал псори къэралым къыдитми, уэру ар къызэрыдмыгъэсэбэпыр. Щапхъэхэр куэду къэпхьыфынущ, ауэ ар нэгъуэщI псалъэмакъщ. Абы щыгъуэми, я бзэр яхъумэн, ар къабзэу щытыным хущIэкъун зэрыхуейр къагурыIуащ лъэпкъышхуэхэми. Куэд щIакъым нэгъуэщI къэралыбзэхэм щыщ псалъэхэу урысыбзэм къыхыхьэхэр гъэмэщIэным теухуа хабзэгъэув пэхуэщIэ УФ-м и Къэрал Думэм къызэрищтэрэ. Ауэ ар мыбдежым щыяпэкъым. Франджым ткIийуэ щапэщIэтщ я бзэм къыхыхьэну хущIэкъу инджылыз псалъэхэм. Хэбгъэзыхьмэ, «компьютерыр» къызэрыщапсэлъыр нэгъуэщIущ. Абы и закъуэкъым: хабзэм ткIийуэ егъэув телевиденэмрэ радиокIэ къат уэрэдхэм я процент 40-р франджыбзэкIэ жаIэн хуейуэ. Гужьгъэжьхэри Iуэхум къыщыхэIэбэ щыIэщ. Къапщтэмэ, Португалием инджылызыбзэкIэ тха цIэ куэд щIыпIэхэм уащрохьэлIэ, ауэ абыхэм къахэбгъуэтэнукъым испаныбзэкIэ зыри. Псори къызэрыгуэкIщ: дунейм и щIыналъэхэр щагуэшым Инджылызыр сыт щыгъуи Португалием дэIэпыкъуащ Испанием и бийуэ. Германием и IуплъапIэ псоми щыплъагъунур нэмыцэбзэщ, я Iуэхухэри зэрыщызэрахьэр абы и закъуэщ. Ауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм инджылызыбзэкIэ лекцэ къыщеджэхэм улахуи 2-м нэскIэ нэхъыбэ щрат. ИнджылызыбзэкIэ тха лэжьыгъэхэр къытрезыгъадзэхэми аращ. Щхьэусыгъуэр къызэрыгуэкIщ: апхуэдэ еджагъэшхуэхэм я пщIэр нэхъ лъагэу къыщалъытэ. Къэзахъстаным зэхуэдэ къару щаIэщ зэуэ бзищым- къэзахъыбзэм, урысыбзэм, инджылызыбзэм. Ауэ я анэдэлъхубзэм зэран хуэхъун гуэри зэи щалэжьыркъым, абы сыт и лъэныкъуэкIи зрагъэужьыну щыхущIокъу. Властхэм ягъэува къэралыбзэ щыщыIэкъым США-м, Инджылызым, Австралием, Мексикэм, Японием. Абыхэм я бзэм лъэпощхьэпо къахуэхъу гуэри щалъагъуркъым. Ди тхыгъэр нэхъыбэу зытедухуа латиныбзэр-щэ? Ар цIыхухэр щызэпсалъэкIэ куэд щIауэ къагъэсэбэпыжыркъым, иджы къэнэжащ зи гугъу тщIа дин лэжьакIуэхэмрэ хущхъуэ зэхэзылъхьэхэмрэ къагъэсэбэп бзэуэ. Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
18.02.2025 - 14:00 →
Монголиер къахохьэ
17.02.2025 - 18:56 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
17.02.2025 - 17:08 →
КъБР-м и щIыналъэхэм
|