«Си гъащIэм щыщ усыгъэхэр»Ар зи фIэщыгъэ усэ тхылъ иджыблагъэ Мейкъуапэ и «Полиграф-Юг» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. Абы щы-зэхуэхьэсащ усакIуэ, егъэджакIуэ МамыкIэ Къазбэч и IэдакъэщIэкIхэр. КъыдэкIыгъуэм ихуа усэхэр теухуащ адэ-анэм, лъэпкъым, хэкум, хабзэм, адыгагъэм, анэдэлъхубзэм, лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъэм и зэманхэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и блэкIам ятеухуа усэхэри и мащIэкъым МамыкIэм. Щхьэхуимыту зи щIыналъэр зрагъэбгына, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ абы усэ зыбжанэ иIэщ. Апхуэдэщ «Истамбыл и гъыбзэр», «Хы фIыцIэ» усэхэр. КъинэмыщIауэ, МамыкIэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ сабийхэм яхуэгъэза усэ куэд.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




