Сенаторыр ягъэлъапIэКIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутатхэм яхуэзащ. Ар хабзэубзыху IуэхущIапIэм ехъуэхъуащ илъэс 30 зэрырикъуамкIэ икIи VI зэхуэсым и депутатхэм кърахьэлIа лэжьыгъэшхуэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. ЗэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр щритащ УФ-м и сенатор Къанокъуэ Арсен. Тыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуащ Къанокъуэр КъБР-м и УнафэщIу щыщыта зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр зэфIэувэным, республикэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар. Нобэми Къанокъуэ Арсен республикэм и фейдэ зыхэлъ проектхэмрэ унэтIыныгъэхэмрэ жыджэру холэжьыхь. КIуэкIуэ Казбек сенаторым и гуащIэдэкIкIэ къилэжьа тыгъэм пап-щIэ гурэ псэкIэ ехъуэхъуащ, узыншагъэ быдэ иIэну зэригуапэр, Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ езыгъэфIэкIуэну IуэхуфIхэр дяпэкIи зэрызэфIигъэкIынум шэч къызэрытримыхьэр жриIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




