IыхьитIу зэхэтщ

«Иджырей лъэпкъ роман», «адыгэ литературэм и иджырей лъэхъэнэ» щыжытIэкIэ, а терминхэм мы лэжьыгъэм къыщызэщIедгъэубыдэр ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ ХХI лIэщIыгъуэм щыщу блэкIа илъэсхэмрэщ. Апхуэдэу къыхэдгъэщын хуей щIэхъур «иджырей», «иджырей лъэхъэнэ» псалъэхэр литературэ щIэныгъэми, тхыдэми нэхъ пасэ лъэхъэнэхэм ехьэлIауэ куэдрэ къызэрыщагъэсэбэпам и закъуэкъым, атIэ, ипэжыпIэкIэ, 90 гъэхэм къэралым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIамрэ абыхэм Iуэху еплъыкIэщIэхэр къызэрагъэщIамрэщ. Ахэр лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ литературэм, хэгъэщхьэхукIауэ лъэпкъ прозэм игъуэта унэтIыныгъэщIэхэми.
Адыгэ литературэр гъуэгущIэ тешэным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуахэм ящыщщ лIэщIыгъуитIым (илъэс минитIым) я зэблэкIыгъуэхэм ирихьэлIэу совет къэралыгъуэ иныр зэрызэхэщэщэжар, абы щIыгъуу адыгэ тхыбзэ литературэр къыщежьа, идеологие пыухыкIам щIэту зыщиужьа лъэхъэнэри тхыдэм зэрыхыхьэжар. Абы и пIэм къиуващ цIыхухэм я псэукIэ-зэхэтыкIэм, экономикэм, политикэм нэгъуэщI теплъэ езыта лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэщIэхэр, УрысеищIэр. ПсэукIэщIэ ухуэным е совет лъэхъэнэм ипэкIэ щыIам хуэкIуэжыным хуэунэтIауэ абы лъандэрэ къэралым щекIуэкI реформэ гугъухэмрэ гурыIуэгъуейхэмрэ я нэпкъыжьэ къытрамыдзэу къанэркъым зэманми, цIыхухэм ягуми, пIалъэ-пIалъэкIэрэ закъригъащIэу.
Литературэр къапщтэмэ, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр абы лъэужьыншэу къыщынэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Хэкум, жылагъуэм къыщыхъухэм ар сыт щыгъуи куууэ хэпщIауэ къогъуэгурыкIуэри. Аращ лъэпкъ прозэм, хэгъэщхьэхукIауэ роман жанрым къикIуа гъуэгуанэм дыщриплъэжкIэ, абы и фащэр ихъуэжу щыщIидза лъэхъэнэу 90 гъэхэр къыщIыхэдгъэщхьэхукIыр.
Апхуэдэу щытми, букъуэдий хъуну къыщIэкIынкъым ХХ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм къэсыху лъэпкъ прозэр езым хуэгъэпса жапIэ хэхам тету къэгъуэгурыкIуауэ, иужьым занщIэу нэгъуэщI унэтIыныгъэ игъуэтауэ. Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм ехьэлIауэ дэ нэхъ тфIэкъабылыр ар зэблэкIыгъуэ, зым адрейр къыщигъэщI зэману къэлъытамэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ литературэм, псом хуэмыдэу романым хуэдэ тхыгъэ пIащэхэмкIэ псынщIэу зызыхъуэж цIыхубэ гъащIэмрэ къэрал политикэмрэ упэджэжыныр тыншу къохъулIэ хабзэкъыми. Мыбы къыхыумылъытэуи хъунукъым цIыхур зыхэпсэукI дунейм щызэхэухуэна Iуэхугъуэ куэдри – жылагъуэ зэхэтыкIэм, политикэм, экономикэм, гъуазджэм ехьэлIахэр. Нэхъ гугъури, къэхутэгъуейри литературэр абыхэм зэрапыщIа къуэпсхэрщ, цIыхубэм я псэкупсэ дунейм екIуэлIэжу.
Апхуэдэ дыдэу тэмэм хъунукъым лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэр зэманым зыдэзыхъуэж щэнхабзэм къыхэпчу и закъуэу бджынри. Абы къыщыхъу-къыщыщIэхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ литературэри, псом япэу псалъэр зи лъабжьэ гъуазджэм. ЦIыхубэм и зэхэщIыкIым зэхъуэкIыныгъэ игъуэтыным хуэунэтIауэ къалэн пыухыкIахэр егъэзащIэ динми. Къэдгъэлъагъуэ лъэхъэнэм абы лъэпкъым и гъащIэм щиубыд увыпIэми мыхьэнэми заубгъуащ.
Къыхэгъэщын хуейщ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм совет къэралым щыщIидзэгъа нахуагъэмрэ цIыхум игу илъыр жиIэну игъуэта хуитыныгъэмрэ лъэпкъ прозэм лъэужьыншэ зэрыщымыхъуари. Абыхэм фIы куэд къадэкIуащ, ауэ я Iуэху еплъыкIэр ехьэкI-къехьэкI хэмылъу къаIуэтэну, прессэм щыжаIэну ягъуэта хуитыныгъэхэм ди цIыхухэр хуэмыхьэзыру къыщIэкIат. Ахэр я лъабжьэу къэралым щекIуэкIащ цIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэр, жылагъуэ-лъэпкъ зэжьэхэуэныгъэхэр, уеблэмэ щIыналъэ зауэхэр. Лъэпкъ прозэр а Iуэхугъуэ гугъухэм хэмыIэбэу лъэныкъуэкIэ щытакъым (Нало З., Щамырзэ I., Слъон Л., ГъущIо З., нэгъуэщIхэми я повестхэмрэ рассказхэмрэ), ауэ художественнэ псалъэм и къарукIэ нэгъэсауэ ахэр зэпкърыхыныр адыгэ литературэм иджыри зэфIэха щымыхъуа лэжьыгъэщ.
90 гъэхэм лъэпкъ прозэм, псом хуэмыдэу тхыдэ романхэм, къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ къэхъукъащIэ гуэрым хэт литературэ лIыхъужьым и дуней еплъыкIэкIи, псэкIи игъуэт зыужьыныгъэр къетхэкIыным къыпыкIыу езы тхыдэ къэхъугъэр джыным, къэгъэлъэгъуэным тхакIуэхэр зэрыхуэкIуар. Иджы ахэр хущIокъу лъахэм и псэукIэр, цIыхубэм и дунейр зыхъуэж тхыдэ къэхъугъэ инхэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэр къэхутэным, апхуэдэ дыдэуи къалэн зыщащIыж а къэхъукъащIэхэм, иджырей Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм тещIыхьауэ, яхуэфащэ пщIэ етынри. Япэ лъэпкъ романхэм я сюжетхэр тхакIуэм сыт хуэдизу зэхимыухуанэми, тхыгъэхэм я пэщIэдзэм наIуэ щыхъурт ахэр зэриухыну щIыкIэр, псалъэм папщIэ, революцэм теухуамэ, «къэгъазэ имыIэу лIыхъужьыр бэнэныгъэ гъуэгум теуварэ коммунист хъуауэ», зауэм теухуамэ, командир къэмылэнджэжхэр я пашэу, совет зауэлIхэр текIуауэ.
Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ тхыгъэхэр къат щхьэхуэурэ зэтепщIыкIыу щIадзэ. Литературэ лIыхъужьым и сурэтыр иращIу тхакIуэ нэхъыжьхэм къагъэсэбэпу щыта плъыфитIым (хужьрэ фIыцIэрэ) адыгэ тхакIуэхэр къапокIри персонажхэм я дунейр, я хьэл-щэныр къэгъэлъэгъуэным къыхашэ гъащIэ коллизие ткIийхэр, лъэпкъ, дин, цIыхубэ зэщIэхъееныгъэ инхэм япыщIахэр. Ахэр лъабжьэ хуэпщIмэ, «иджырей адыгэ романым» къызэщIедгъэубыдэ лъэхъэнэр тIу ипщIыкIыж хъунущ: япэр – зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэр, политикэ-жылагъуэ зэхэтыкIэр нэгъуэщI щытыкIэм щыхуэкIуэр, Iуэху еплъыкIэщIэхэр жьыхэм я пIэхэм къыщиувэр. Мыбы и нэщэнэщ тхакIуэхэр иджыри блэкIам и къэпхъэнэм нэсу къызэрыIэщIэмыкIар, зэманым, гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм щтэIэщтаблэу зэрахущытыр. Пэжщ, иджы хуиту жаIэ, тетхыхь хъуащ революцэм ипэкIи Къасым хуэдэу «пщы гущIэгъулы, псэ къабзэ зиIахэр зэрыщыIам», Мыхьмуд хуэдэу диным хуэпэж, цIыхугъэшхуэ зыхэлъ ефэндыхэр къуажэм зэрыдэсам, «большевик лIыхъужьхэм зыкIи емыщхь», цIыху щхьэхуещэ Мурид хуэдэхэри властыщIэр къэзыхьыжахэм зэрахэтар (Журт Б. «Гъуэжькуий»), ауэ апхуэдэ образхэм зэкIэ заубгъуркъым, лIыхъужь нэхъыщхьэуи романхэм къыщыкIуэркъым, IэужьыфI гуэр ящIамэ, ар зыхуэдэр тхакIуэхэм къратхэкI мыхъумэ.
ЕтIуанэ лъэхъэнэр зыузэщIыжыныгъэм и илъэсхэу къыхэбгъэщ хъунущ. Ар хуозэ УрысеищIэм и псэукIэр, и Iуэху зехьэкIэр нэхъ зэтес хъужу, щэнхабзэм зиузэщIыжу, цIыхубэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм пщIэ ягъуэтыжу щыхуежьа зэманыр. Мы илъэсхэм къэщIэрэщIэжу щIедзэ игъащIэ лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэфIхэм, адыгэм и художественнэ къэухьым зезыгъэубгъу, гъащIэм и плъыфэ зэхуэмыдэхэм къэзыгъэщI псэкупсэ дунейм литературэр ешэлIэныр. ПIалъэкIэ Iэнкуну щыщыта илъэсхэр къызэренэкIри лъэпкъ литературэм зрепщыт къыщIэгъэлъауэ адыгэм и блэкIар къэгъэлъэгъуэжыным. Зым адрей иужь иту дунейм къытохьэ тхыдэ роман хъарзынэхэр (КIыщокъуэ А. «Лъапсэ», ШэджыхьэщIэ Хь. «ЛъыщIэж», МафIэдз С. «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ», Тыуаршы А. «Псыкъелъэм и макъамэхэр», Бэлагъы Л. «Гуащэнэ», АбытIэ В. «Уэсэпс шыугъэ», «Ирамышыжа нысащIэ», Елмэс А. «Бгъэхэм къуршым къагъэзэж», Жылэтеж С. «Пащтыхь хужьым и лIыкIуэ», Къандур М. «Кавказ», «Шэрджэсхэр. Балкан тхыдэ», ХьэхъупащIэ Хь. «ГущIэгъуншэ», н.).

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: