Издин и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Дыгъужь Издин ящыщщ зи адэ-анэр хамэ къэрал Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм. Сирием къыщыувыIэри, Джоланым и Iуащхьэхэм щыпсэуащ. Мы щIыналъэр Сириемрэ Израилымрэ я зэхуакум щыIэщ.

Дыгъужь Издин (1920 - 2003) Мансурэ къуажэм къыщалъхуащ. И цIэ дыдэр Исуфщ, ауэ псоми къызэрацIыхуу щытар Издин цIэ лейрщ. Ар гушыIэ дахэ зыхэлъ адыгэлIу, цIыху акъылыфIэу щытауэ жаIэж.

Издин илъэсибл щыхъум, Мансурэ къуажэм и курыт еджапIэм кIуащ. ИужькIэ Къунейтрэ къалэм щеджащ. Франджым и дзэм и адыгэ полкым хэту Бейрут къалэм къулыкъу щищIащ. А полкым щыхэтами, иужькIи шууей ехьэжьауэ, шыхэр фIыуэ илъагъуу, игъэджэгуфу, зыхэт полкым я щапхъэу къекIуэкIащ.

Сирием и хуитыныгъэр къизэужа нэужь, Дыгъужь Издин дохутыр IэщIагъэм хуеджащ. ИужькIэ Сирием и дзэм хыхьэжри, 1957 гъэ пщIондэ къулыкъу щищIащ. А гъэм  щыщIэдзауэ щылэжьащ Къунейтрэ щIыналъэм узыншагъэмкIэ и департаментым.

Издин зэрыцIыкIурэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъурт. Аращ яIэщIэхужа языныкъуэ уэрэдхэм псэ яхилъхьэжу, къигъэщIэрэщIэжу къыщIекIуэкIари. Абы игъэзащIэ уэрэдхэр цIыхухэм ягу дыхьэрт, и купщIэ елъытауэ, игъэнэжэгужэрт едаIуэхэм зэм я нэпс къригъакIуэрт, зэми игъэдыхьэшхырт.

Дыгъужьым зэхуихьэсыжащ лъэпкъ уэрэдыжьхэмрэ абыхэм къадекIуэкI хъыбарыжьхэмрэ, шыпсэхэр, нарт хъыбарыжьхэр, щIэпщакIуэ уэрэдхэр, уэрэд зэпадзыжхэр, гушыIэ уэрэдхэр, гъыбзэхэр. Нарт хъыбарыжьхэр фIыуэ ищIэрт, Iэзагъышхуэ хэлъуи жиIэжырт абазэхыбзэкIэ. Дыгъужь Издин цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ. Зэхуэс, гуфIэгъуэ зэхыхьэ щыхъукIи, махуэ лъапIэхэми цIыхухэр игъэнэжэгужэу, дэрэжэгъуэ яриту, езыми гулъытэ къыхуащIу апхуэдэт. 1983 гъэм Налшык щекIуэкIа адыгэ фестивалым Издин хэтащ Сирием Адыгэ Хасэм лIыкIуэ къищIахэм ящыщу. Издин игъэзащIэу щыта уэрэдхэм ящыщщ «Жанхъуэт Зузэ дахэ и гъыбзэ», «Хьэжым и сарыкъ», «Сыкъыумыгъэделэ», «Си нэнай», «Нарт Уэзырмэджрэ Сэтэнейрэ я зэхуэусэ» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри.

Издинрэ и щхьэгъусэ Уэджыхъу Субхьерэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Зэщхьэгъусэхэм щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ зэдапIащ. Издин и ныбжьыр илъэс 83-м иту дунейм ехыжащ.

Композитор, уэрэдус, егъэджакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ илъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ къыдигъэкIа «Лъахэ уэрэдхэр» уэрэдылъэм ихуащ Издин игъэзэщIа, ихъума уэрэдхэм ящыщ зыбжанэ. Издин дунейм ехыжа нэужь, языныкъуэ уэрэдхэр и къуэ Дыгъужь Рушди ихъумэжащ, ди уэрэджыIакIуэхэм абыхэмкIэ яхуэупсащ, языныкъуэхэр ипхъу Дыгъужь Хъанэ Заретэ къыхуигъэхьащ. Рушди 2005 гъэм адэ хэкужьым къэIэпхъуэжат Джылахъстэнеи Налшыки щыпсэуащ. ИужькIэ Мейкъуапэ Iэпхъуэжащ, и адэ-анэр щыпсэуа щIыналъэм нэхъ пэгъунэгъуу.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.

Поделиться:

Читать также: