Укъысщыгугъыу умызауэКъэхъуа Iуэху Мы фхуэсIуэтэжыну хъыбарым хэтлъхьаи хэтхаи щымыIэу пэжщ. КъызжезыIэжари си къуажэгъу, ныбжьэгъу нэхъыжьыфIщ. Ар икъукIэ хабзэщIэкъут, зыгуэрым нэмысыншагъэ дилъэгъуамэ, зэриущиин яужь имыту блэкIынутэкъым. Нэхъри езыр егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ школым щылэжьати, арауэ къыщIэкIынт гъэсэныгъэм теухуауэ апхуэдизу щIэгумызагъэр. «IуэхукIэ къалащхьэм сыкъэкIуат, - жеIэж абы. - Зы IуэхущIапIэ гуэрым сыIухьэн хуей хъуат. СыздэкIуэм, гъэщIэгъуэн зэрысщыхъуати, щIалэщIэ Iэчлъэч куэд щылажьэрт. ИкъукIэ си гум щIыхьат адыгэ хабзэ зэрахэмылъыр - ди лэжьапIэ пэшым нэхъыжь къыщIыхьащ жаIэу зыри къэтэджакъым, я щхьэр къаIэтакъым, сызыхуейми сыщIэкIуами зыри щIэупщIакъым. Чэзум куэдрэ сыхэтауэ, сезэшауэ си Iуэху зэфIэзгъэкIри, сыкъэкIуэжащ. Си гум хьэлъэу телът щIалэгъуалэ мыгъасэм ядэслъэгъуар. Дагъуэ щIахуэзмыщIар, нэхъыщIэ Iэчлъэч гъэсэхъуахэр Iэпщэрыбанэм хуэкIуэмэ, хэутэн сащIыным шэч къызэрытезмыхьэрт. Сыщыгъуазэт апхуэди къызэрыхъум. Сытми, а сигу щIыхьа Iуэхугъуэр схущымыгъэгъупщэу зэман дэкIащ. Зы махуэ гуэрым си унафэщIым сриджэри, а сыздэкIуауэ щыта дыдэм щызэфIэзгъэкIауэ щыта Iуэхум хуэдэ иджыри си пщэм къыделъхьэ, ауэ иджы зы щIалэщIэ пIащэ гъусэ къысхуещI, сегъэцIыхури, дяпэкIэ ар къыздэлэжьэну жеIэ. Лэжьэгъу къысхуэхъуам и машинэм дису гъуэгу дытехьащ. Къалэм дынэсыху абы щыгъуазэ сыхуищIащ ар боксёру зэрыщытам, текIуэныгъэ, увыпIэ лъагэ, саугъэт мымащIэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIи жыжьэхэм къызэрыщихьам. ИкъукIэ си гур хигъахъуэрт апхуэдэ лъэкIыныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэ гъусэ къызэрысхуащIам. Сыгушхуэрт икIи сыпIащIэрт апхуэдиз мыхъумыщIагъэ зыдэслъэгъуа, иджыри сызыIущIэжыну ныбжьыщIэ гъэсэхъуахэм гугъэзагъэу сешхыдэну. Шэч къытесхьэртэкъым, сыт къэмыхъуами, си гъусэр щIэгъэкъуэн нэс къызэрысхуэхъунум. Дынэсри, япэми хуэдэу, сэ нэхъыжьым пщIэ къысхуащIу, зыкъытезымыIэтыкIа, си сэламыр жэуапыншэ зыщIа щIалэгъуалэм ешхыдэн щIэздзащ. ДяпэкIи апхуэдэу нэмысыншэу, адыгэ хабзэ яхэмылъу гу ялъыстэмэ, я пэр щIым яхущысхуэну щыжысIэм, си щIыбагъым дэт, гъусэ схуащIа щIалэр си дамащхьэм къытеуIуэри, куэд щIауэ боксым зэрыхэмытыжыр, тренировкэхэми зэрымыкIуэжыр, сыщыгугъыу къаугъэ къэзмыгъэхъеймэ зэрынэхъыфIыр щэху дыдэу къызжиIащ. Алыхьым и шыкуркIэ, сызэшхыда щIалэхэм я жьэр Iурыхуауэ къызэдэIуащ, цIутIи жаIакъым. ЗэхагъэкIыу къыщIэкIынт сыкъыздикIамрэ си псалъэхэм къикIымрэ. Къуажэм дыкъэсыжыху сэри гъусэ къысхуащIа щIалэми зыри жытIакъым. Сытыт жытIэжынур абы иужькIэ? ШЭФИЙ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




