Гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэт

Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэхэм я щIэблэ гъэсэныгъэр пасэм щыгъуэ нэхъ щекIуэкIыу щытар унагъуэрщ. Абы тотхыхьыж Мафэдз Сэрэбий.  «Мы Iуэхум теухуа псалъэжьу щыIэщ: «Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ», жыхуиIэр. Ауэ абы къикIыркъым гъэсэныгъэр унагъуэм, абы ис адэ-анэ, къуэш-шыпхъу, адэшхуэ-анэшхуэ къудейхэмкIэ зэфIэкIыу щытауэ. ЩIэблэр щагъасэрт губгъуэми, уэтэрми, вакIуэ пщыIэми; щIэблэр яущийрт гъунэгъуми, хамэ ямыцIыхуххэми; щIэблэр щеджэрт хьэщIэщми, хьэгъуэлIыгъуэми, дауэдапщэми, хасэми. Ар игъэIущырт мэзми, псыхъуэми, и ныбжьэгъуми, и джэгуэгъуми. Абы и лъэныкъуэкIэ, мыхьэнэшхуэ яIэу щытагъэнщ псалъэ шэрыуэ: «Узыхэтым уадемыкIумэ, уи унэ умыкIуэж», – жыхуиIэу щытам хуэдэхэм.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэхэм бзылъхугъэхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэ я гъэсэныгъэр зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Сабийр илъэсибл хъуху апхуэдэу зэхадзыртэкъым. Хъыджэбз цIыкIухэми щIалэ цIыкIухэми я Iуэху нэхъ зезыхуэр цIыхубзхэрт: анэшхуэ, анэ, адэ шыпхъу хуэдэхэрат. ИтIанэ щIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр цIыхухъухэм, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсэныгъэр цIыхубзхэм къащтэрт. Бзылъхугъэр щагъасэкIэ нэхъ нэ лейкIэ еплъырт хъыджэбз цIыкIум цIыхубз Iуэху ищIэфу егъэсэным, унагъуэ зэрихьэфу, дэфу, пщэфIэфу, IэпщIэлъапщIэу хидыкIыфу, цы ипщIыфу, ипхыфу, иджыфу, цеяпхъэ зэIуищэфу.

КIэщIу жыпIэмэ, унэ ихьа нэужь зыхуеижыну, къыщхьэпэжыну лэжьыгъэхэм хуагъасэрт. А псом къыдэкIуэу, хъыджэбз цIыкIухэр хуагъэIущырт хьэл-щэн дахэ яхэлъу, зэпIэзэрыту, ину мыпсалъэу, мыгъуэлэгъуасэу, мыщхьэхыу, укIытэ яIэу, нэхъыжь-нэхъыщIэ ящIэу, нэмысыфIэу къэтэджыным.

ЩIалэ цIыкIухэм я гъэсэныгъэр нэхъ зытеухуар цIыхухъу лэжьыгъэ зэфIагъэкIыфу, къарууфIэу, бэшэчу, жыIэдаIуэу, шууей Iэзэу, акъыл жан яIэу, тэмакъкIыхьу, дуней и пIалъэ ящIэу къэгъэхъунырт.

Адыгэхэм я сабийр пIынымрэ ар гъэсэнымрэ зэщхьэщагъэкIыу щытащ. Сабий пIыным нэхъ къиубыдыр ар гъэшхэн, хуэпэн, зыхуей хуэгъэзэныр арат. Сабий гъэсэным нэхъ хыхьэр ар лэжьэкIэ, цIыху хэтыкIэ ищIэу къэгъэтэджынырт. ЖыIапхъэщ адыгэхэм гъэсэныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэм щыщу нэхъыщхьэ дыдэу ялъытэр щIэблэр лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым щIэпIыкIын хуейуэ ябжу зэрыщытар. ЩIалэгъуалэм лэжьэкIэ ящIэу къэгъэхъуныр мурад къудейтэкъым, атIэ ар икIи лэжьыгъэм зэрыхуагъасэ Iэмалт. Iуэхур тэрэзу зыщIэфу еса щIэблэм нэхъыжьхэр сыт щыгъуи игъэгуфIэрт, абы иригушхуэрт.

Сабийр узыншэу, гъэсауэ къэтэджыным адыгэхэр пасэ дыдэу я ужь ихьэрт. Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, гуащэм и нысэм «дагъуэ» иIэу гу щылъитам и деж, абы и нысэгъухэм е я гъунэгъу фызхэм жрыригъэIэрт нысэ цIыкIур дауэ зыхуэсакъыжын, дауэ зыкIэлъыплъыжын хуейми. Абы къикIыртэкъым уэндэгъу хъуа нысащIэр щхьэнтэм тесу щыгъэсын хуейуэ. Ар икIи ягъэлажьэрт, икIи ягъэIэбэрт, псом хуэмыдэу къикIухьу, Iэуэлъауэу щытмэ, нэхъыфIу жаIэрт, гухъу ягъакIуэрт, щхьэл цIыкIукIэ ягъэхьэжэрт, ауэ хьэлъэ кърагъэIэтыртэкъым, пхъэхьэ-псыхьэр паубыдырт. Псом хуэмыдэу хуэсакъырт сабий зыгъуэтыну нысащIэм и Iэр къэIэта зэпыту Iуэху хьэлъэ имыщIэным. Апхуэдэу ятIэ зэрырагъэхьэртэкъым, унащхьэ щIрагъаертэкъым, нартыху щIрагъэгъэпщыртэкъым. Адыгэхэм ялъытэрт нысащIэм и Iэхэр къиIэтауэ Iуэху ищIэмэ, ныбэм илъ сабийм зигъазэу бынжэпсымкIэ зитхьэлэжыну. Фыз уэндэгъур Iэмал зэриIэкIэ нэщIэбжьэмрэ гукъеяуэмрэ щахъумэрт. Ар хьэдагъэ ягъакIуэртэкъым, ар щыту зыри кIий-гуортэкъым, зыр адрейм хуилъыртэкъым, Iугъуэм и нэпс къыщIихуу пщэдджыжь мафIэ ирагъэщIыртэкъым, хьэмбыIуу ягъэтIысыртэкъым, матэ, пэгун хуэдэ трагъэтIысхьэртэкъым. Сабийр зыгъуэтынум и шхынкIи хуэсакъ зэпытт. НэхъыфIу къалъытэрт цIыхубз уэндэгъум дагъэ зыщIэлъ нэхъыбэу ишхмэ, шыугъэкIэ мыерыщмэ, ауэ гуащIэ зыщIэлъ паубыдыртэкъым. Сабий пэплъэ нысащIэм еупщIхэрт:

«Сыт нэхъ уигу къыпылъэда?» – жаIэурэ икIи ар зыщIэупщIэр, Iэмал иIэмэ, къыхуагъуэтырт. Ялъытэрт а ерыскъыгъуэм хуейр сабийр арауэ, ар нысащIэ уэндэгъум ирамыгъэшхмэ, сабийм зыгуэр хущыщIэу къалъхуну.

Адыгэхэм фыз уэндэгъур бдзэжьейм ирагъэплъыртэкъым, тхьэкIумэкIыхьми бгъэдагъэхьэртэкъым. КъазэрыфIэщIымкIэ, фызыр бдзэжьейм еплъмэ, сабийр нэкъиж хъунут, тхьэкIумэкIыхь илъагъумэ, дзадзум и Iупэхэр ерыкъ хъунут.

НысащIэ уэндэгъур пасэм щыгъуэ и дыщым яшэжрэ абы щызэIэпыкIыу е унэм и Iуэхур щызэфIэкIыу щытащ. Дунейм къытехьа сабийм и бынжэр паупщIа нэужь ехъуэхъухэрт, щIалэ цIыкIумэ, лIыгъэ иIэ хъуну, шыхъуэжьу, лэжьакIуэшхуэу и цIэ Iуну, хъыджэбз цIыкIумэ, насыпыфIэ, лIыфIнатIэ, дыщэр и Iэпэм къыпыщу IэпщIэлъапщIэ хъуну.

Адыгэхэм я фIэщ хъурт сабий къалъхуагъащIэм и напэм бынжэлъ щахуэмэ, ар дахэу, нэкIущхьэплъу къэтэджыну. ИкIи фызгъалъхуэм мэгъу мыхьэнэ зиIэ псалъэ: «Хулъэ, лъынэ, кIадэ, дащхьэ, хущхьэ хуэдэу убагъуэ, лъынэ хуэдэу удахэ», – жиIэурэ сабийм и нэкIущхьитIми бынжэлъ щихуэрт.

Мыхьэнэшхуэ иIэу ялъытэрт сабийр зрапIыкI гущэми, ар къызыхэщIыкIа пхъэм деж къыщыщIэдзауэ зыщIамкIэ иухыжу. Пхъэ угъурлыуэ ябжырт кхъужьейр, бжейр, Iэнейр, псом хуэмыдэу хьэмкIутIейр. Гущэ Iэдий, гущэ лъэгу хуэдэхэр хьэмкIутIейм къыхащIыкIмэ сыт щыгъуи нэхъ къащтэрт. Адыгейхэм нэхъ пхъэ махуэу жыхуаIэр кIей, тIушэ, жыгей хуэдэхэр арат, ауэ абыхэми хьэмкIутIейм къыхэщIыкIа пхъэбгъу пIащIэ щимэ цIыкIу гущэкъум фIадзэрт.

ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкI сабийр насыпыфIэ, Iумахуэ хъуну ялъытэрт. ФIыуэ ялъагъуртэкъым бэрэжьейм къыхэщIыкIа гущэ. Иджыри цIыху гъуэлэгъуасэ, тэмакъкIэщI, цIыху екуэкуншэ ирихьэлIамэ, ди нэхъыжьхэм жаIэ: «Уи, лIэун, бэрэжьей гущэ урапIыкIа нэхъей».

Сабий къалъхуагъащIэм адыгэхэм гуфIэгъуэ, тхьэлъэIу иращIэкIыу щытащ. Апхуэдэ унагъуэм щIалэ къралъхуамэ, хугу хьэжыгъэ фокIэ пщауэ ягъажьэрти яшхырт, я гъунэгъухэм хурагъэхьырт, ди щIалэр къуэгъу, жыIэщIэ, жыджэр хъуну фытхуэхъуахъуэ, жаIэрти. Дунейм къытехьа дзадзум и гъащIэр кIыхь хъун, узыншэн щхьэкIэ кхъуейплъыжькIэрыщIэ ящIырт».

Къэбарт Мирэ.

 

Поделиться:

Читать также: