ЦIыхухэр псы щхьэкIэ гугъу щехь щIыпIэ куэд щыIэщ. А Iуэхур пасэрей зэманыжьым къыщежьами, хэкIыпIэ къыхуагъуэтурэ къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэщ илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ цIыхухэм щIатIыкIауэ щыта, километр мин 30-кIэ зызыукъуэдия, Ираным щыIэ кяриз-псыкъуийхэр.
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, а кяризым нэхъ мащIэ дыдэу илъэс мини 3 и ныбжьщ икIи япэ дыдэу дунейм щаухуа псы жапIэщ. Абы и псыкъуийхэм нэхъ куу яхэткъым, техникэ къамыгъэсэбэпу IэкIэ ящIахэм уахэплъэмэ. Апхуэдэ псы жапIэхэр нобэр къыздэсым щыIэщ Азие Курытми, Кавказми, Китайми.
УхуэкIэ и лъэныкъуэкIэ Ираным щыIэ кяризхэм метр 30 я зэхуаку дэлъурэ метрищэ бжыгъэкIэ щIым ехыу, псыр къыщIэжыху иратIыха псыкъуийщ. А псыкъуийхэр псори щIы лъабжьэкIэ зэпыщIэжащ бгъуэнщIагъ щIэтIыкIакIэ. БгъуэнщIагъым метр мин 30 и кIыхьагъщ, метррэ ныкъуэрэ и лъагагъщ, метри 2 и бгъуагъщ.
ПсыкъуиитIу улэжьэныр хьэлъэт. Псом япэрауэ ухуэныгъэр зэрыщытын хуейр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэу, ар зэпэпшэчыфу ущытын хуейт. КъищынэмыщIауэ, къаруушхуэ текIуадэрт, шынагъуэ зыпылъ IэщIагъэти, абы щылажьэхэм пщIэшхуэ хуащIырт, Iуэхум пэрыту щIы къыгуэхуам щIипIытIамэ, къэрал мылъкукIэ щIалъхьэжырт, и унагъуэм дэIэпыкъурт.
Кяризген къэс лэжьакIуи 4-5 къепхат, абыхэм унафэ яхуищIурэ игъэлажьэу. Iэмэпсымэу яIэри белрэ уадэрэт. Псыкъуийр щатIкIэ щIы лейр къыдэзыхьейхэр щхьэхуэт, куууIуэ хъуарэ жьы яхуримыкъумэ, гъукIэ щIэпщэмрэ къамылкIэ хьэуар мащэм иригъэхырт. ЗэрыжаIэмкIи, апхуэдиз гугъуехьыр зи фэ дэкI кяризгенхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ улахуэшхуэ иратырт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лэжьыгъэхэр илъэси 10-30-кIэ екIуэкIыфырт.
Апхуэдэ псыкъуийхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ я фIыгъэкIэ цIыхухэм зэпымычу псы къабзэ ягъуэтырт. Псом хуэмыдэу къахуэсэбэпырт зауэ зэманым, дзэм быдапIэм зыдиубыдэжауэ щыдэсым деж. Абы хэтт псыр зэрагъэкъабзэ, зэрагъэщIыIэ Iэмалхэри.
Нобэрей зэманыр къапщтэмэ, илъэс мини 3 ипэкIэ ящIа апхуэдэ псыкъуийм щыгугъыу Ираным щопсэу цIыху мин 40-м щIигъу.