ЩIалэгъуалэ Iуэхухэр япэ ирагъэщ

КъэкIуэнур зейр щIэблэращ, жаIэ. Пщэдейрей махуэхэр шэчыншэу езыгъэфIэкIуэнури зыгъэдэхэнури щIалэгъуалэращ, апхуэдэу щыт пэтми, абы екIуалIэ гъуэгур зышэщIын хуейр нэхъыжьхэрщ. Абыхэм гъащIэм къыхаха IэпэIэсагъымрэ къарита зэхэщIыкIымрэщ щIалэгъуалэм гъащIэ гъуэмылэ яхуэхъунур, щапхъэ техыпIэу яIэнур.
ЩIалэгъуалэ Iуэхухэм гулъытэ хэха щигъуэтыр къэралым иригъэкIуэкI политикэм и закъуэкъым. КъыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм игъащIэми къыддэгъуэгурыкIуэ дуней лъагъукIэр пкърылъхьэныр, щэнхабзэм щIэпIыкIыныр, екIумрэ емыкIумрэ зэхищIыкIыу къэгъэтэджыныр, дахагъэмрэ бзаджагъэмрэ зыхицIыхукIыфу гъэсэныр пщэрылъ зыщищIыжу щытащ лъэпкъым. Иджы къэрал жэрдэмхэмрэ лъэпкъ гупсысэкIэмрэ я гъуэгупэр хъарзынэу зэтеува хъуащи, щIалэгъуалэм я гукъэкI дахэхэм дэнэ щIыпIи щропсалъэ, я Iуэху зэрыдэкIынум хуэунэтIа зэIущIэхэр зэхашэ.
Апхуэдэу Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ хасэ абдеж къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэхуэс. «Бгырысхэр» зыфIащыну ныбжьыщIэ зэгухьэныгъэр КъБКъУ-м менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм епха хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым епхауэ лэжьэнущ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и лIыкIуэхэр ирипсэлъащ жэрдэм щIагъуэм икIи даIыгъащ а гукъэкIыр къыхэзылъхьахэм.
«Урысей географие зэгухьэныгъэм и къудамэ ди еджапIэм къызэрыщызэIуахынум ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Япэрауэ, а лъэбакъуэм дэ гъунэгъу дыхуищIынущ къэрал псом фIы и лъэныкъуэкIэ къыщацIыху, дэнэ щIыпIи къудамэхэр щызиIэ зэгухьэныгъэм. ЕтIуанэрауэ, абы фIэкIыпIэ имыIэу ди щIалэгъуалэм ягъафIэ я гуращэхэр зэщIэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэхэр утыку къригъэхьэнущ. Дэ куэд щIауэ иужь дитщ дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым, географием, туризм хуэIухуэщIэхэм ехьэлIа гупсысэхэр гъащIэм хэтпщэну. Дауи, щIэгъэкъуэн, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI къыпкъуэмытмэ, сыт хуэдэ жэрдэмри тхылъымпIэм къинэжыну аращ. Ди гуапэщ «Бгырысхэр» щIалэгъуалэ хасэм пщэрылъ зыщищI Iуэхугъуэхэр щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къикIауэ щеджэ студентхэр хэша зэрыхъунур, ди адэжьхэм къытхуагъэна лъахэм и хъугъуэфIыгъуэхэр, и щэхухэр, и дахагъэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну Iэмал зэраIэнур», – жиIащ институтым и унафэщI Лыджыдэ Рэмэзан.
Урысей географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ хасэм и къудамэр къызэIухыныр игъуэу къалъытащ КъБКъУ-м и ректорым и дэIэпыкъуэгъу Шагин Сергей, КъБР-м Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIэрашэ Аксанэ, Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ ЩIалэгъуалэ хасэм и унафэщI Мокаев Тенджыз сымэ.
«Зы хъыбарыфI къэIунумэ, дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэр абы щыщщ. Дуней псом зи лэжьыгъэмрэ зи гуащIэмрэ фIыкIэ хэIуа къэралпсо зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм щалъхуа лъахэр къэхутэнымкIэ, абы и дахагъ псори лъэпкъыбэм нэхъыфIу къащIэнымкIэ IэмалыфI ярет. Ди лъахэм и щхьэхуэныгъэ псори дэ езыхэм япэщIыкIэ къэтхутауэ утыку дихьэмэщ ди напэри ди щIыхьри лъагэу щытIэтыфынур, дбгъэдэлъ щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ я пщIэр здынэсыр щызыхэтщIэнур. ЩIалэгъуалэ хасэм фыкъыхыхьэну фыкъыдогъэблагъэ», – жиIащ КIэрашэ Аксанэ.
Мыбдеж къыщыхэгъэщын хуейщ КIэрашэ Аксанэ зэIущIэм «Яхъумэ лъахэм и Iуэху» («Заповедное дело») зи фIэщыгъэ пэхуэщIэр къызэрыщыхилъхьар. Абы къигъэув Iуэхугъуэхэр щагъэзэщIэнур Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щыIэ мэзылъэ паркырщ. КIэрашэм зэIущIэм кърихьэлIахэр а Iуэхугъуэр зыгъэзэщIэну пщэрылъ зыщызыщIыжахэм къахыхьэну иригъэблэгъащ. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ мэзылъэ щIыпIэхэм зыплъыхьакIуэхэм папщIэ лъэс лъагъуэщIэхэр пхрашынущ, цIыхухэр мыгъуэщэн папщIэ зыгъэгъуазэ дамыгъэхэр трагъэувэнущ, щIыуэпсыр хъумэным хуэунэтIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIынущ, зыплъыхьакIуэхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ я зекIуэ щэнхабзэр къэзыIэт мастер-классхэр къызэрагъэпэщынущ, гузэвэгъуэ е щытыкIэ къызэрымыкIуэ ихуам япэ дэIэпыкъуныгъэр зэрыратынум ехьэлIа дерсхэр зэхашэнущ.
Къапщтэмэ, «Бгырысхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэр ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа пэхуэщIэм зыхуигъэувыж къалэнхэм куэдкIэ тохуэ. ЗэрызэщхьэкIыр дунейм къытехьэ гупыщIэм и къалэнхэр нэхъ бгъуэуэ зэрыщытынурщ, цIыху нэхъыбэ зришэлIэну Iэмал зэриIэнурщ.
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэхэр щогугъ ячыну япэ лъэбакъуэхэмкIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ ЩIалэгъуалэ хасэр щIэгъэкъуэн къахуэхъуну, къыхалъхьэну жэрдэмхэр ныкъуэщIу къэмынэнымкIэ гъуазэу къэувыну.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: