1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар къызэралъхурэ илъэс 225-рэ мэхъу.
МЫВЭР ЩЫХЬЭТ ТОХЪУЭ…
Илъэс 189-кIэ, удз къытекIэжарэ пхузэхэмыцIыхукIыжын жыхуиIэм нэсауэ, а гукъинэж псалъэхэр мывэм ихъумащ. Экспедицэм увыIэпIэ ищIа щIыпIэм деж апхуэдиз зэманкIэ щылъа абрэмывэр. XX лIэщIыгъуэм къагъуэтауэ щытащ совет альпинистхэм. Мывэр щагъэкъабзэм мыр къыщIэщащ:
«Урысейм и пащтыхь Николай I-м и пащтыхьыгъуэ зэманым мы щIыпIэм, 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 8 - 11 махуэхэм къыщыувыIащ Кавказым къулыкъу щызыщIэ дзэхэм я Iэтащхьэ, Кавалерием и генерал Емануель Георгий; абы дэщIыгъуащ и къуэр - илъэс 14 ныбжьым ит Георгий,Урысей Правительствэм лIыкIуэ ищIа академик гуп: Купфер, Ленц, Мейер, бгы корпусым и къулыкъущIэ Вансович, Минводы щыщ архитектор Бернардацци, Мэжэрым щыщ дунеяплъэ Бессе. Академикхэм Бернардацци ядэщIыгъуу фути 8.000 (сажнэу 1,143) хым и щхьэкIэ щыIэ увыIэпIэр къызыранэкIри, мазэм и 10- нэ махуэм Iуащхьэмахуэ фут 15, 700 (сажнэу 2, 243) дэкIащ, щыгум - фут 16, 330 (сажнэу 2, 333) нэсар адыгэ щIалэ Чыларщ. Мы мывэм ди ужькIэ псэунухэм яхуреIуатэ Iуащхьэмахуэ и щыгум, иджыри къыздэсым зыми химыгъэщIам, лъагъуэ хэзышахэр хэтми!»
Иджы абы псори щыгъуазэщ: дуней псом япэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIар Брамтэ щыщ адыгэлI Хьэшыр Чыларщ.
Хьэшыр Чылар теухуа усэхэр
БАЛЭ Хьэзрэт - Алий.
Къуэшыркъуей къуажэ.
Гъуэгугъэлъагъуэ
Альпинисту ар щытакъым,
Бгы дэкIыни имыIуэхут.
ХамэщI цIыхухэр къыщелъэIум,
Гъуэгугъэлъагъуэ ар яхуохъу.
Iуащхьэмахуэ ныдишыну,
Абы ахэр ирешажьэ.
Ауэ бгыщхьэм нэс дэкIыну,
ЗылъэкIар езым и закъуэщ.
Пшэ зэпцIахэм къахуеплъыхыу,
Бгым и щыгум зыщиплъыхьт.
АдыгэлIым, игу пымыкIыу,
Къыхуихьауэ лъэпкъым щIыхь.
ЩОДЖЭН Леонид
Адыгэпсэм и хъуэпсапIэ
Iуащхьэмахуэ ди хэку лъапсэщ,
Адыгэпсэм и хъуэпсапIэщ.
ЛъагапIэм щIэхъуэпсхэр
Нобэ дызэгъусэщ.
Нэбакъуэ, си къуэш,
Хъунукъым уезэш.
Дяпэ итщ Чылар,
Щапхъэ дэ тхуэхъуар.
Нэбакъуэ, си къуэш,
Хъунукъым уезэш.
Мылым нэр топщIыкIыр,
Хьэуар къомэщIэкIыр
КIуэм и гъуэгур хощIыр,
ЛIыгъэм бгыр лъэгу ещIыр.
Нэбакъуэ, си къуэш,
Хъунукъым уезэш.
КЪАГЪЫРМЭС Борис,
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.
Зы лъэбакъуэ закъуэ
Ар гъащIэ лъабжьэм къыщалъхуами,
Нэсыфырт псэкIэ мурад щыгу…
Иджы фIэкIа къыхуимыхуами,
Зыпыхьа Iуэхур ирихьт игу.
«Уэ Iуащхьэмахуэ дыдэпшыфым,
Сыт пхуэдмыщIэну къэбгъуэтын.
Уи IитIкIэ щэкIыу къэпIэтыфым
ЩIыгъужу, ахъши дэ уэттынщ…»
Чылар и пащIэ щIэгуфIыкIырт:
“Мы зиусхьэнхэр хъуаи жумартI.
И псалъэм тетт а лIыр темыкIыу.
Апхуэдэут ар зэрагъэсар.
И хэку и щIыхьыр къиIэтыну
ЩIэхъуэпсми, ар хузэфIэмыкIт.
Иджы шынэжу къикIуэтыну
Зи гугъэр хъунщ а гугъэм пыкI.
Ар кIуэнщ куэд щIауэ и гур здэплъэм…
И лъэпкъ ипIауэ лIыкъэ ар!
Гъуэгу щытехьэнум пIащIэу пэплъэу,
Махуищу махуэр ибжт Чылар.
Щымыгъ къилъыхъуэуи хэтакъым:
Джэдыгур хуабэщ, хуабэщ лъейр.
Мэлыфэ пыIэр ихъуэжакъым -
Бащлъыкъ фIишыхьмэ,
Iуэхукъым уейр.
«Ахъшэшхуэ», жаIэ. Нэпсеигъэм
Срихужьауэ, пэжщ, къафIощI.
СылъэIэсамэ сщIа си гугъэм,
ЩIэстынт, сиIамэ, сом мин тIощI.
СыкIуэнщ, сыкIуэнщ, си гъуэгур гугъуми!
Гугъуехь сыт хуэдэри сшэчынщ.
Лъэбакъуэ закъуэ фIэкIа нэхъ мыхъуми,
Сэ Iуащхьэмахуэ щыгу щысчынщ!