ЦIыху минищым щIигъум хухагъахъуэ

Мэкъумэш IэнатIэм илъэс куэдкIэ зэрыщылэжьам папщIэ ­пенсэм хущIагъу ахъшэхэр зратхэр цIыху 3I47-рэ щохъу Къэбэрдей-Балъкъэрым. Апхуэдэу къитащ Урысей Федерацэм и Социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм. 

Ахъшэу хущIагъужам и куэдагъыр къызэрабжар мыпхуэдэущ: страховой пенсэу ятым - сом 2033,72-рэ хъум, - и процент 25-р ­къащтауэ аращ. Урысей Федерацэм и Социальнэ фондым и къу­дамэу КъБР-м щыIэм пенсэм хущIагъухэр зритыр а цIыхур мэкъу­мэш хозяйствэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм илъэс 30-кIэ пэрытауэ, абы щыгъуэми а лъэхъэнэм къриубыдэу ар къуажэм щыпсэуауэ щытмэщ. 
Урысей Федерацэм и Правительствэм зэхигъэуващ мэкъумэш хозяйствэм хиубыдэ лэжьыгъэ-IэщIагъэу 500-м я спискэр, абыхэм ящыщхэм пэрытауэ пенсэм хэгъэхъуауэ зратынум хиубыдэнухэр. Абы нэмыщI, мэкъумэш хозяйствэм цIыхур зэрыщылэжьам и мы­закъуэу, стажым хохьэ а лъэхъэнэм къриубыдэу сабийм щыкIэ­лъыплъа илъэсхэр, отпускхэмрэ сымаджагъэкIэ хуатха тхылъхэмрэ.
«Къуажэ стажым хохьэ цIыхур зыпэрыта IэнатIэм е зэрихьа къу­лыкъум емылъытауэ, 1991 гъэм щIышылэм и 1-м нэсыхукIэ къэрал колхозхэм, машинэ-трактор станцхэм, совхозхэм, колхозым епха IуэхущIапIэхэм, мэкъумэшыщIэ хозяйствэхэм, мэкъумэш артелхэм щылэжьауэ щытмэ», - жиIащ Урысей Федерацэм и Социальнэ ­фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Бакъ Николай. 
ЦIыхум къихь пенсэм ахъшэр хущIагъуж страховой пенсэр зэры­хуагъэуву. Абы щхьэкIэ иужькIэ къыкIэлъыпкIухьыжын е дэфтэр гуэрхэр зэхуэпхьэсыжын хуейкъым. Ауэ, ищхьэIукIэ къыщедбжэкIа мэкъумэш IуэхущIапIэхэм зэрыщылэжьам щыхьэт техъуэ тхылъхэр пенсионерым иIэу щытмэ, республикэм и Соцфондым е МФЦ-м ­захуигъазэ хъунущ. Мыдрейуэ, пенсионерыр лэжьапIэ IэнатIэ Iутын хуейкъым. Пенсэм хущIагъужынущ, IэнатIэм къыпэрыкIыжа нэужь ар къалэм Iэпхъуауэ щытми.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: