Ерыскъы хьэлэлым къыщIоупщIэ

Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щащI ерыскъыхэкIхэм яIэ фIагъымрэ я къабзагъымрэ къипщытэну иджыблагъэ къызэрагъэпэща «Роскачество-Хьэлэл» IуэхущIапIэмрэ Урысеймэкъумэшбанкымрэ ятын щIадзащ мэкъумэшхэкIхэм елэжь, ерыскъы къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэм я продукцэхэм ехьэлIа сертификатхэр. 
Ар къыдэпхын щхьэкIэ Урысеймэкъумэшбанкым интернет лъабжьэ иIэу лажьэ «Свое Фермерство» гуэдзэным япэщIыкIэ зыщебгъэтхын хуейщ. ИужькIэ, «Роскачество-Хьэлэл» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ерыскъыхэкIхэр къапщытэнурэ, ягъэува щапхъэхэм техуэмэ, ахэр хьэлэл мардэм къызэритIасэм щыхьэт техъуэ дэфтэрыр къратыжынущ. 
«Роскачество»-м и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэрыщыжаIамкIэ, абыхэм ят сертификатхэм къару щаIэщ Урысей Федерацэм имызакъуэу, Перс псыдэжыпIэм къыIус, Ислъам Зэгухьэныгъэм хыхьэ, Таможеннэ Союзым хэт къэралхэми.
«Роскачество-Хьэлэлым» и сертификатхэр къыIах хъунущ юридическэ лицохэми, уней IуэхущIапIэхэми, ахэр ди къэралым щатхауэ щытмэ, икIи абыхэм я ерыскъым теухуа хъыбархэр «Росаккредитация» къэрал хъыбарегъащIэ IэнатIэм щатх. Апхуэдэ щIыкIэкIи, щэхуакIуэхэм Iэмал ягъуэт зыхуэныкъуэ продукцэм, хьэпшыпым я фIагъыр зыхуэдэм теухуа псори нэсу къаIэрыхьэну.
Урысеймэкъумэшбанкым и экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, УФ-м къыщыщIагъэкI продукцэхэм ислъам диныр щытепщэ хамэ къэралхэм къыщыщIоупщIэ икIи абыхэм хурагъашэм и куэдагъым зэрыхагъэхъуэн Iэмалхэри мащIэкъым. Муслъымэн къэралхэм ящыщу УФ-м и ерыскъыхэкIхэр нэхъыбэу зыщэхунухэм, абыхэм хуэныкъуэхэм яхохьэ Тыркур, Ираныр, Къэзахъстаныр, Мысырыр, Сауд Хьэрыпыр. ИкIи псом япэу ахэр зыщIэупщIэр джэдкъазыл, былымыл, шоколад хуэдэхэрщ.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: