Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу…

ГъэщIэгъуэнщ

ГъэщIэгъуэн къытщыхъуа мы хъыбарыр къыщыхъуар ди сабиигъуэм щыгъуэщ. Псоми фIыуэ тлъагъу зы лIыжь угъурлы дэст хьэблэм. Ар цIыхухэм, псом хуэмыдэу, сабийхэм егъэлеяуэ гуапэу къытхущытт, IэфIыкIэми, дыщыджэгукIэ къэдгъэсэбэпын хьэпшыпми, сытми зыгуэркIэ къызэрытхуэупсэным, ди гур зэрыхигъэхъуэным яужь итт. Ар Хэку зауэшхуэри колхоз лэжьыгъэ хьэлъэри зи нэгу щIэкIа нэхъыжьыфIти, къиIуэтэж хъыбархэм дыдихьэхыу, къэдухъуреихьауэ дедаIуэрт. 
ИтIанэ, дадэм псэущхьэхэр фIыуэ илъагъурт. Зэгуэрым абы зы хьэ анэ хьэулей и шырхэр и гъусэу къеуэсати, фIэпсэкIуэд хъури, кIэщI-кIэщIурэ игъашхэ хъуащ. Апхуэдэурэ зэманыр кIуэрт, хьэ анэм пIалъэшхуэ димыхыурэ багъуэрт, лIыжьым хьэ пшырхэр зыхуей хуигъэзэныр, зыIэщIилъхьэн цIыху тэмэм къахуигъуэтыныр къалэн мытынш хуэхъуащ. Ауэрэ, дадэр нэхъ сымаджэрилэ, хьэхэм гулъытэ нэс яхуищIыныр къытехьэлъэ хъуащ. Абы гу лъызыта, къалащхьэм дэт ресторан гуэрым шоферу щылажьэ ди хьэблэ щIалэм жэрдэм ищIащ нэхъыжьыфIым и гугъуехьыр щхьэщихыну. ЗдэщыIэ шхапIэм и пщIантIэм хьэм зыхуей зэрыщигъуэтынур, апхуэдэу ящIмэ, гуэныхь зэрыпымылъыр дадэм къыгуригъаIуэри, къалэм здишащ. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, япэрауэ, хьэр зэрыса машинэм къиплъу зыгуэр илъагъуну Iэмал иIакъым. Абы нэмыщI, ди хьэблэмрэ здиша щIыпIэмрэ я зэхуакум нэхъ мащIэ дыдэу километр хыщI хуэдизын дэлъу къыщIэкIынт. 
Нэхъыжьым и гугъащ и къалэн мытыншыр, гуэныхь къимыхьу, щхьэщыкIауэ икIи тыншыжауэ. Ауэ дэнэт… Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу хьэ анэм нэщхъей дыдэу дадэм и деж къигъэзэжащ. ПщIантIэм къыдыхьэжа псэущхьэр, уигу щIэмыузынкIэ Iэмал имыIэу, гухэщIу еплъырт гуапэу къыхущыта нэхъыжьыфIым, «сытри содэ, IэщIыб сумыщI къудей» жыхуиIэу.
ЗэрыжаIэщи, куущ лъагъуныгъэм и къарур. Абы и дежкIэ гъуэгуанэ кIыхь зэрыщымыIэр хьэкъщ.
 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: