Зрагъэубгъу

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм щызэхуэзащ абы и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр, сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ, Урысей ФСИН-м и УИС-м и инспектор нэхъыщхьэ Виноградов Георгий сымэ.
Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэ ведомствэхэр зэрызэдэ­лэжьэнум, балигъ мыхъуа­хэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ къэралым къарит хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэм-      рэ хъумэныр къызэгъэпэ­щы­ным.
Сабий омбудсменым гу лъаригъэтащ КъБР-м щыIэ   УФСИН-м и следственнэ изолятор №1-м шэч хуащIу, ягъэ­къуаншэу щаIыгъ балигъ мы­хъуахэм егъэджэныгъэм ехьэ­лIауэ очнэ е очнэ-заочнэ щытыкIэм иту ядэлэжьэныр зэтеухуэн зэрыхуейм. «Ди мурадыр – балигъ мыхъуауэ хабзэм ебэкъуа, гъащIэм и щытыкIэ гугъум къихута сабийхэм егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм дащIыгъуу щIэныгъэ едгъэгъуэтынырщ», - къыхигъэщащ Лъынэм. 
 Пенитенциар ведомствэм и унафэщIым къыхигъэщащ          УФСИН-м хэкIыпIэ, Iэмал псори къызэригъэсэбэпыр я деж щаIыгъ, апхуэдэуи уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и учётым щыт балигъ мыхъуахэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэн икIи зэфIэгъэувэжын папщIэ. 
Лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ КъБР-м щыIэ УФСИН-мрэ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ упол­номоченнэу КъБР-м щы­Iэм и аппаратымрэ я зэдэ­лэ­жьэныгъэр нэхъри ирагъэфIэкIуэну. 

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

Читать также: