ЩIалэгъуалэм я махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! ЩIалэгъуалэм я махуэмкIэ сы­нывохъуэхъу!
ЩIалэгъуэр - ар гъащIэм щыщу нэхъ хьэлэмэт, нэхъ дахэ лъэхъэнэщ, гугъапIэ дахэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ я зэманщ. Иджы­рей щIалэгъуалэр жыджэрагъышхуэ зыхэлъ, гупсы­сэщIэхэр зи куэд хэкупсэхэщ. Ахэр хьэзырщ Хэкум и ехъулIэныгъэм зэфIэ-кIыу яIэр ирахьэлIэну. Дэ дрогушхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэм. Фэ еджэнымрэ лэжьыгъэ IэнатIэмрэ, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ, творчествэмрэ спортымрэ, жылагъуэ Iуэхухэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрывогъэхьэ. 
Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд лIыгъэ къагъэлъагъуэу хэтщ ­гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам, Урысейм и щхьэ­хуитыныгъэр яхъумэу. Догушхуэ абыхэм ящыщ дэтхэнэмкIи икIи ди фIэщ мэхъу фэ дыкъызэрывмыгъэщIэхъунур, дызэрывщыгугъыу фыкъызэрыщIэкIынур. 
Мы зэманым къэрал, щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр кърахьэжьэ, вбгъэдэлъ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъри зегъэужьыным, творчествэрэ IэщIагъэкIэ фи зэфIэкIхэм адэкIи ­хэгъэхъуэным, къывбгъэдэкI проектхэмрэ жэрдэмхэмрэ дэIыгъыным хуэгъэпсауэ. Мурад лъагэхэр зыхуэвгъэувыж икIи ­ерыщу, тегушхуауэ фыхущIэкъу абыхэм фалъэIэсыным. ИтIанэ Iэмал имыIэу ехъулIэныгъэ зыIэрывгъэхьэфынущ.
Быдэу си фIэщ мэхъу сыт хуэдэ лъагапIэри къызэрыфщтэфынур, зи щIалэгъуэхэ. 
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ насыпрэ фиIэну, фи мурадхэм фызэрынэсын фIэщ­хъуныгъэрэ къарурэ фыщымыщIэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым-рэ ди Хэкумрэ яфI къызэрыкIын IуэхугъуэфI куэдым я жэрдэмщIакIуэу дяпэкIи фызэрыщытынуми шэч къытесхьэркъым.

Поделиться:

Читать также: