Къуажэми жылэми яхуэфIыну!Мэкъуауэгъуэм и 18-м Джэрмэншык къуажэм мэжджытыщIэ къыщызэIуахащ. Дауэдапщэ гукъинэж зращIэкIа ухуэныгъэм илъэситI ипэкIэ елэжьын щIадзауэ щытащ, ипэрейм къекIуалIэ цIыхухэр зэрыщIэмыхуэжым къыхэкIыу.
«Нобэрей махуэр Джэрмэншык жылэм дежкIэ гуфIэгъуэ тIуащIэщ, - жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий мэжджытыщIэм иращIэкIа тхьэлъэIум къыщыщыпсалъэм. – Алыхьым и унэ лъапIэу нобэ зи бжэхэр къызэIузыхым и сэбэп къуажэми, жылэми, Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубэми къахудэкIуэну сохъуэхъу».
МэжджытыщIэр къатитIу зэтетщ, и теплъэкIи зэрызэхэт пэшхэмкIи иджырей тхьэелъэIупIэхэр зэрыщытыпхъэ мардэм хуэфащэщ. Iимам Соблыр Исуф, хьэщIэхэмрэ къуажэдэсхэмрэ защыхуигъазэм, жиIащ: «Нобэ мэжджытыщIэ къызэIудох. ЦIыкIуи ини, Алыхьталэм си щхьэр хуэзгъэтIылъынщ жызыIэ дэтхэнэ зыри къыдогъэблагъэ. Диным къекIуэлIагъащIэу нэмэз щIыкIэ зымыщIэхэри едгъэсэнущ, зыщIэупщIэхэм я жэуап къагъуэтынущ».
Спорт Iэмэпсымэхэри, сабий джэгупIэ зэмылIэужьыгъуэхэри кърашэлIат Джэрмэншык мэжджытым махуэшхуэм ирихьэлIэу. Зы лъэныкъуэмкIэ я нэгу зыщрагъэужьмэ, адреймкIэ КъурIэн еджэнкIэ зэпеуэхэр щыплъагъурт. «Мы мэжджытыр иджырей зэманым хуэкIуэу яухуащ, - жиIащ Iимам Мэз Рашид. – ЦIыху мин хуэдиз щIэхуэну худогъэфащэ. Дызэрыщымыгугъауэ псынщIэу зэфIэкIащ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр, псори зэхэту илъэситIрэ ныкъуэрэ текIуэдами аращ. Зэрыкъуажэу ящIащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Жылэм щыщхэми щымыщхэми, хьэрычэтыщIэхэми, хэт машинэ къытхуигъакIуэу, хэт етхьэлIэнухэр къытхуищэхуу, хэти и къарур къыдихьэлIэу, хэти и мылъку къыхилъхьэу, гугъу зыкъыддрагъэхьащ, дэтхэнэ зыми псапэу Алыхьым къаритыж».
Мэжджыт пщIантIэри зыхуей хуагъэзащ: сабий джэгупIэхэр, тетIысхьэпIэхэр, жэщ уэздыгъэхэр ирагъэувэкIащ и хъуреягъкIэ. Зэрыкъуажэу зыщагъэпсэхуфыну щIыпIэ хъуащ Джэрмэншык мэжджытри, дэри къуажэдэсхэм я гуфIэгъуэр ядыдоIыгъ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




