Бэчыжь Лейла 1929 гъэм накъыгъэм и 29-м Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ ПсэукIэ Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. И адэ-анэхэу Iэбубэчыррэ Хъэдижэтрэ колхозым щылажьэрт. Лейла и адэр цIыху еджати, щIэх-щIэхыурэ сабийхэр Пушкин хуэдэ усакIуэхэм я тхыгъэхэм щIигъэдэIурт. Арауэ къыщIэкIынщ зэрыцIыкIурэ Лейлэ Ленинград щеджэным ехъуапсэурэ къыщIыдэкIуэтеяри.
1950 гъэм школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар Ленинград дэт къэрал университетым филологиемк1э и къудамэм щIэтIысхьащ. А къалэ дыдэращ Лейла щызэригъэцIыхуар Польшэм къикIыу Урысейм еджакIуэ къэкIуа, иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа Нарожник Антони. Еджэн яуха нэужь, унагъуэщIэр япэщIыкIэ Краков къалэм Iэпхъуащ. А къалэм дунейм къыщытехьащ абыхэм я къуэ Владислав. ИужькIэ, и адэ-анэр нэхъ къарууншэ щыхъум, Лейлэ и унагъуэр дэщIыгъуу Черкесск къэIэпхъуэжащ. Антони Черкесск дэт химзаводым щылэжьащ, езы Лейла – Къэрэшей-Шэрджэсым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым уващ.
И лэжьыгъэр зэрызэтеува щIыкIэм и гугъу пщIымэ, Лейла нэгъуэщIхэм пхаша гъуэгу ирикIуэну Iэмал иIакъым. 1964 гъэм абы СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Дунейпсо литературэмк1э и институтым «Шэрджэс совет литературэ» зи фIэщыгъэ диссертацэр щыпхигъэкIащ. 1973 гъэм а еджапIэ дыдэм къабыл щащIащ абы и доктор диссертацэри. Ищхъэрэ Кавказым щIэныгъэхэм я доктор щыхъуа япэ бзылъхугъэр Бэчыжь Лейлащ. Лейла иригъаджэ щIэблэм дежкIэ щапхъэт, ц1ыху Iущт. Абы и дерсхэр купщIафIэт, гурыIуэгъуэт, езым ищIэ псори и гъэсэнхэм зэралъигъэIэсынум иужь итт.
Щхьэхуэу тепсэлъыхьыпхъэщ Лейла щIэныгъэ зэхуэсхэм зэрыхэтам. ЗыцIыху псоми жаIэрт абы хуэдэу псалъэр утыкум щызыгъэшэрыуэф куэд адыгэ лъэпкъым зэрыхэмытыр. Бэчыжь Лейла 200-м щIигъу щIэныгъэ лэжьыгъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Ищхъэрэ Кавказымрэ хамэ щIыпIэ щыпсэу адыгэхэмрэ я литературэм теухуауэ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр: «Шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин», «Шэрджэс совет литературэр зэрызэфIэувамрэ зэрызиужьамрэ», «Нэгъуей литературэм теухуауэ псалъэ зыбжанэ», «ЛIыхъужьхэм ятеухуа IуэрыIуатэм щегъэжьауэ романым нэс», къинэмыщIхэр.
Бэчыжь Лейла мызэ-мытIэу щIэныгъэлIхэм къыдагъэкI тхылъхэм хэлэжьыхьащ. Абы и къаруушхуэ ирихьэлIащ «Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я антологие» тхылъым и япэ томым. Бзылъхугъэм гуащIэшхуэ хилъхьащ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынми. Сакий Мусэрэ Мыжей Михаилрэ я гъусэу Лейла къыдигъэкIащ IуэрыIуатэр зэрыхуа тхылъищ. Абы и лэжьыгъэхэр къыщытрадзащ Мэзкуу, Ленинград, Алмэ-Ата, Ташкент, Кишинев, Одессэ, Ставрополь, Тбилиси, Улан-Удэ къалэхэм.
Лъэныкъуэ куэдкIэ зиузэщ1ат а щIэныгъэрылажьэм. Абы хэтыжт игурэ и щхьэрэ зэтелъу и 1уэху еплъык1э зэри1эжыфыр, гупсысэк1э пхэнжым зэрыпэщ1этыфыр.
Бэчыжь Лейла и гъащIэ гъуэгур зытхыжа псори зэакъылэгъущ абы бзэ къызыхуимыгъуэтыф цIыху зэрыщымыIамкIэ. УсакIуэбзэкIэ гъэнщIа абы и бзэ плъыфафIэм дэтхэнэ псалъэри ипIэ щитт, гу зылъитахэм акъыл хэлът, гушыIэр къыдалъхуат. Утыкум иту зэресам абы къедаIуэм и гулъытэр зыIэщIимыгъэкIыу иригъэсащ. Шэч хэмылъу, абы и псалъэм къару къызэрымыкIуэ щIэлът, къедаIуэр и унафэм щIигъэувэфырт. ЩIэуэ щIэныгъэм къыхыхьа лъэпкъ литературэджхэм ар я щапхъэт. Зэ IуплъэгъуэкIэ къыпфIощ1 гупсысэ куу зыбгъэдэлъ, зыхуейр жызыIэф Бэчыжь Лейла текIуэныгъэр яIэщIэмыкIыу гъащIэ гъуэгум ирикIуахэм ящыщ зыуэ.
Абы дунейр къедэхащIэ зэпыту псэуауэ пхужы1энукъым. Пасэу и щхьэгъусэр фIэкIуэдащ, иужькIэ зэшэзэпIэу и къуэ закъуэри дунейм ехыжащ. Бэшэчу, и губзыгъагъэр и Iэпэгъуу къыхэкIат ар а гугъуехьхэм. Ауэ Лейла и гум щигъэпщкIуам и щыхьэтщ «Си къуэ закъуэ Владислав и фэеплъу» зыф1ища тхыгъэр.
Бэчыжь Лейла и гуащIэм къыпэк1уащ «Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм» и орденыр, «Хэкум хуищIам папщIэ» орденым и медалыр, «И гуащIэдэкIым и щIыхькIэ» медалыр, нэгъуэщ1хэри. Хэхэс адыгэхэм я щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэм абы къыхуагъэфэща Къандур Иззэт и цIэр зезыхьэ саугъэтри.
Пасэрейхэм шэху уэздыгъэм хужаIа псалъэр йокIу абы и псэукIам: «НэгъуэщIхэм нэху естыху си гъащIэм хощI». Нобэрей Сэтэней гуащэр дунейм ехыжащ 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м.