ЦIыкIухэм гъуэгу дамыгъэхэр идогъащIэ

«Сыту пIэрэ мы щIалэм аргуэру къи­гупсысар?» - а упщIэр щхьэхуимыту уигу къегъэкI Тхьэкъуахъуэ Iэуес адыгэбзэр тебзэрэ щIэбзэрэ зыхуищI   и IэдакъэщIэкIхэм уи нэ зэратехуэу. Зи чэзур къэсар гъуэгу дамыгъэхэрщ. 

Ди анэдэлъхубзэм гуныкъуэгъуэ нэхъ ин дыдэу хузетхьэхэм язщ ар гъащIэм къыщыщхьэпэн хуэдэу, «къуэ­ладжэ» куэдым зэрытхудэмышэр, псэу­­ныгъэм ­епха лъэныкъуэхэм я нэхъыбэр хамэбзэкIэ зэфIэдгъэкIмэ ­нэхъ къызэрытщ­тэр. Къэралым ще­кIуэкI гъащIэм езыр-езыру техуэ  уры­сыбзэр  цIыху нэхъыбэми яIурылъщ, дэтхэнэ хъыбар зэпыщIапIэми къиIу­кIыр аращ. Уеблэмэ куэдым къа­фIощI «зэманым лъэщIэмыхьэ» ады­гэбзэ къабзэр политикэм, щIэныгъэ куум, цIыхубэр щызэлъэIэс гъащIэ Iыхьэхэм пэмылъэщыну, языныкъуэ псалъэхэр, жы­Iэгъэхэр, гупсысэхэр хуэ­мыгъэкъа­рууну. Ауэ щыхъукIэ, мис, нобэ Тхьэ­къуа­хъуэ Iэуес ди пащхьэ кърилъхьа гъуэгу дамыгъэхэм якIэщIэтха пса­­лъэхэр термин-фIэщыгъэ щIу­мы­щIын щхьэусыгъуэ ямыIэу, анэ­дэлъхубзэм изэгъакIэщ.
«КъэувыIэ! Зыгъэхьэзыр! Ежьэ!» Дауи, мы унафэхэр зэхьэлIар светофорым ­(«гъуэгугъэлъагъуэ уэздыгъэ» фIэд­вгъэщ) и пащхьэм къыщыувыIахэрщ. Гъуэ­гум узэрызэпрыкIыну щIы­кIэм  ухуэ­зыущий  карточкипщIым  яхэтщ «лъа­къуэрыгъажэм хухэха ­гъуэгу», «автобус къэувыIэпIэ», «сабийхэр фысакъ» хуэдэ дамыгъэхэр, дэтхэнэ зыри картон Iувым тегъэуарэ сурэт зэ­мы­фэгъукIэ гъэщIэрэ­щIэжауэ, и мы­хьэ­нэри якIэщIэтхащ. 
ИнагъкIэ карточкэхэм яхуэдизыбзэщ тхылъ цIыкIу теплъэм ит «IэрыцIалэ ­гъуэгу нагъыщэхэр». Абы ит дамыгъэ­хэри зэпхар гъуэгу зэпрыкIыпIэрщ, ауэ карточкэхэм къазэрыщхьэщыкIым сабийм и щIэныгъэм нэхъри зрагъэубгъу: «лъэ­сы­рызекIуэ зэпрыкIыпIэ», «гъуэгур ууейщ», «Iэщ зэпрыхупIэ», къинэ­мыщIхэр. Iэгум ихуэн хуэдэу, къэщтэ­гъуафIэу щыт а IэдакъэщIэкIитIым я ещанэр гъуэгу нагъы­щэхэр нэхъ нэгъэсауэ къыщыгъэлъэгъуа, альбом жыпхъэм ит тхылъырщ. 
«Фи пащхьэ къызолъхьэ «Гъуэгу нагъыщэхэр» зыфIэсща тхылъ цIыкIур, - сабийхэми балигъхэми зыкъыщыт­-хуе­гъазэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес иужь­рейм и пэублэм. - Нобэ гъуэгум лъэ­сырызе­кIуэхэмрэ машинэхэмрэ куэд­рэ щы­зэрохьэлIэ, абы ипкъ иткIэ сабийхэм ­къахуэщхьэпэну ­согугъэ мы тхылъыр. ЗэкIэ лъэсырызе­кIуэхэмэ, пщэдей ахэр машинэхэм дэ­тIыс­­хьэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр яцIыхумэ, лъэпощхьэпо куэдым щыхъума хъунущ». 
Тхьэкъуахъуэм фIыщIэ хуещI тхылъыр щигъэхьэзырым дэIэпыкъуэгъу къыхуэ­хъуа Шыбзыхъуэ Астемыр. Лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхум лъэкI къызэ­римыгъанэм и нэщэнэщ кърихьэжьа Iуэхум епха дахагъэ псори зэрызэщIигъэуIуэр. Iэуес и карточкалъэм и щIыбагъым нэгъунэ тритхэн усэ (зытхар Хьэ­цIыкIу Хьэсэнщ) къызэригъуэтар абы и щыхьэтщ:
 
Къуаргъ зэшитIу дызэрыщIэу,
Дытесщ лъагэу гъущI лъэуейм.
Дахуэсакъыу, дэ цIыху гъащIэр
Щыдохъумэ гъуэгу фэбжь Iейм.
Зэ IуплъэгъуэкIэ Iуэху къызэрыгуэ­-        кIыу къыпфIэщI щхьэкIэ, мыпхуэдэ лъэба­къуэ цIыкIухэмкIэщ бгышхуэми  узэ­ры­дэкIуейр. Си Хэкур зыхуей хуэзгъэзэнщ, си бзэм гъуэгу естынщ жызыIэ дэтхэнэ цIыхуми хузэфIэкI мащIэр абыхэм ирахьэлIэмэ, хэт ищIэ­рэ, анэ­дэлъхубзэм и къэкIуэну махуэри нэхъ нэщхъыфIэнкIи мэхъу. Нэхъыщ­хьэращи, абы хузэ­фIэ­мы­кIын­­рэ къы­хуэмыщтэн мыхьэнэрэ зэ­ры­щымыIэр дэ езым ди фIэщ хъужа нэужь, и уасэр ди гум къыщощIэрэщIэж. 
   ЧЭРИМ  Марианнэ. 

Поделиться: