Iуащхьэмахуэ и плъапIэу

1823 гъэм Кавказ Ипщэм щыIа урысыдзэхэм я унафэщI  мэхъу генерал Эмануэль… 
Абы унафэ къыIэрыхьащ илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIа зауэм иригъэшу сабыр хъуа адыгэхэр къыдихьэхыну.
Генералым мундирым и пIэкIэ зыщитIэгъащ адыгэ фащэр, ауэ генерал дамэтелъхэр телъу, хьэзырхэм я щхьэIуэкIэ Георгий жорыр хэлъу. Апхуэдэ теплъэ иIэу еблэгъащ Жанхъуэт ХьэтIохъущокъуэ, Урысбий, Абыкъуэ пщыхэм я деж. 
Адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ я щIыр щызэпыхьэм, Псыхуабэ къуэладжэм и щхьэм деж щыт къалэжь цIыкIур - Нартсанэ фэншэщ, ауэ ихъуреягъым псы хущхъуэхэр куэду къыщыщIож. Къалэр тIэкIу зэIузэпэщ ищIын, фэ къытригъэуэн щхьэкIэ Италием кърыригъэшащ архитектор Бернардацци Джузеппе.
Аращи, Эмануэль щыIэщ бгырысхэм я лъахэм, пэгъунэгъу дыдэщ езы Iуащхьэмахуэ. ЩIэныгъэм и хьэтыркIэ ар дэкIынущ Iуащхьэмахуэ. Гупым текIуэдэнур яфIэкуэдыIуэщ къулыкъущIэхэм: къабжащ сом мин щэщI, ауэ Урыс академием иIэр 8.000 къудейщ.
- ИлъэсиплI ипэкIэ КъэбэрдеймкIэ сыпхрыкIауэ щытащ, - жиIащ Эмануэль. – КъызэрыщIэкIымкIэ, абы ипщхэр Мысырым къикIащ.
Генералым и гум къэкIагъэнут зекIуэм ихьыну ахъшэр къэбэрдейхэм я фэм къыдихыну.
- ДевгъэпIэщIэкI! Дэ къытпоплъэ Iуащ-хьэ-ма-хуэ, - зэпишащ Эмануэль.
  Пщыхьэщхьэм абы къыхуахьащ Аристотель и тхылъ цIыкIу:
«Кавказ Ипщэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэщ къурш нэхъ уардэ дыдэр. Абы и лъагагъым и щыхьэтщ и щыгур дэнэ лъэныкъуэкIэ ущыIэми зэрыплъагъур, уеблэмэ Мэуэт гуэлым (Iузэв тенджыз) деж ущыIэми. Абы и къуэладжэхэм щопсэу лъэпкъ куэд, гуэлышхуи щыIэу жаIэ».
1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Балъкъ тет Каменномост быдапIэм деж и шыр къыщыжьэдикъуащ Эмануэль. Топхэр зэдэуащ, фIэхъус ирату.
Сабэр драпхъейрт гъуэгум сатыр кIыхьу кърикIуэ дзэм - мыжурэзехьэу 650-рэ, сэшхуэ зыIыгъыу 350-рэ, топитI, лъэсырызекIуэхэр, къэзакъхэр, штабым щылажьэхэр, накъырапщитI, бэрэбанауэ, гъуэгугъэлъагъуэхэр, тэрмэшхэр, шыхэр, махъшэхэр…
Бгыхэр гъунэгъу къэхъурт. Гупыр къуршым къыщежьэ аузхэм я зым дыхьащ, Урду, Балъкъ, Хьэсэут псыхэм зэпрыкIащ…
Ахэр Урду бгым и лъапэм и деж къыщыувыIащ…
Къазакъым и фий макъ къэIуащ. Шу гуэри генералым и шатырым и гупэм и деж къыщыувыIащ:
- Мо лъэныкъуэмкIэ, жьы къемыпщэу, сабэ къыщохъей, шу гуп къоблагъэ.
- Iэщэ яIыгъ?
- ЯIыгъщ, ауэ замыгъэпщкIуу къокIуэ.
- ХьэмкIэуи?
- Хьэуэ, ущкIэ. 
Генералым и бгырыпхыр щIикъузащ:
- Мо щыгум къэзакъхэр дэвгъэкIуей, зыми ямылъагъуну…
- ФIэхъус! - сэлам кърахащ къэблэгъапэу къепсыха шухэм…
- Фыкъеблагъэ! Сэлам узох, пщышхуэ!
Къэзакъым лъэрыгъыр иубыдащ. Шур къепсыхри, генералым и Iэр гуапэу икъузащ.
Зэпсэлъахэщ. Генералым тхьэ иIуащ зауэ Iуэху зэримыхуэу - Iуащхьэмахуэ дэкIыну и мураду арауэ. Зэгъусэу шей ефахэщ. Тыгъэхэр зэIэпахащ.
Ежьэжыну къэтэджыжауэ, пщы уэлийм зыбгъэдишащ бгырыс лIы къуэгъу гуэр: “Чылари модрей тхури уи гъусэнущ, псори щакIуэ Iэзэхэщ. Бгыхэр яцIыху… Уэ уздыхуейм кIуэнущ, уи унафэр ягъэзэщIэнущ”.
Симонов Евгений. «Iуащхьэмахуэ теухуа псалъэ» тхылъым къыхэтхащ.
Поделиться: