Адыгэ къэрал университетым ирегъэкIуэкI адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Жанэ Кърымызэ и творчествэм хуэгъэпса дунейпсо зэпеуэ. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм мы илъэсым къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар – сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ тхэхэр, сурэт зыщIхэр къэлъыхъуэнырщ, лъэпкъ щэнхабзэр, бзэр, литературэр зыгъэкIуатэхэм защIэгъэкъуэнырщ.
Мы гъэм зэпеуэр «СщIэну сыхуейщ» фIэщыгъэцIэм щIэтщ икIи зи ныбжьыр илъэси 3-12-м ит сабийхэм папщIэ къамыгупсыса (нон-фикшн) хъыбархэр тхынымкIэ зэпеуэнущ. Къамыгупсыса хъыбар жиIэмэ, мыхудожественнэ литературэ, тхыгъэр зытеухуар къамыгупсысауэ, фантазие хэмылъу жиIэу аращ къикIыр.
Лэжьыгъэхэр бадзэуэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 31 пщIондэ зэпеуэм и электроннэ напэкIуэцIым егъэхьын хуейщ. Абыхэм къэпщытакIуэхэр хэплъэнущ фокIадэм и 1-м щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 1 пщIондэ. Зэпеуэм щытекIуахэри наIуэ къащIынущ 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м.
Мы гъэм зэпеуэр унэтIыныгъитIкIэщ зэрекIуэкIынур: «прозэрэ поэзиерэ», «сурэт».
«Прозэрэ поэзиерэ» унэтIыныгъэмкIэ щызэпеуэнущ зи ныбжьыр илъэси 3-12-м ит сабийхэм папщIэ адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ ятха, нэхъапэIуэкIэ зыщIыпIи къыщытрамыдза усэ, тхыгъэ къезыгъэхьхэр. Ахэр теухуауэ щыт хъунущ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм; лъэпкъ IэщIагъэхэм (псалъэм папщIэ, дыщэидэм, фащэ зэрадым, арджэным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр зэращIым, адыгэ кхъуей зэрыхахым); цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэр къэIуэтэжыным (адыгэ макъамэтх, усакIуэ, тхакIуэ, пшынауэ, сурэтыщI); адыгэм и тхыдэм (ахэр къызытехъукIам, мамлюкхэм, тхыдэм къыхэщыж лIыхъужь гуэрым, хы зекIуэм, лъэпкъ Iэзэгъуэм); Хэку зауэшхуэм (Адыгэ Республикэм, КъШР-м, КъБР-м я лIыхъужьхэм, партизанхэм); этнографием (атэлыкъым, адыгэшым, испы унэхэм, Iуащхьэхэм, адыгэ джэгукIэхэм, Iэщэм); адыгэ хабзэм (дауэдапщэ, хабзэ зэхуэмыдэхэм); щIэныгъэмрэ техникэмрэ.
«Сурэт» унэтIыныгъэм щызэпеуэнущ silent book жыпхъэм иту комикс зыщIхэр. «Тхылъ щэху» жыхуаIэ а Iэмалым псалъэ къыхэмыхьэу къеIуатэ хъыбарыр зытеухуар. Ар балигъхэми сабийхэми, уеблэмэ бзэр зымыщIэхэми къагурыIуэу щытыпхъэщ. Сурэтхэр теухуауэ щытын хуейщ «прозэмрэ поэзиемрэ» унэтIыныгъэм къигъэув Iуэхугъуэхэм. Сурэтыр сабийхэм къагурыIуэу, абыхэм хуэгъэпсауэ, къызэрымыкIуэ Iэмалхэр къыщыгъэсэбэпауэ щытыпхъэщ.
Тхыгъэхэр ворд программэм къигъэув мардэм иту дамыгъэ 6000-20000 хъун, сурэтхэр *png, *jpg, *.tif, *pdf жыпхъэм иту, Кб 600 - Мб 5 я хьэлъагъыу щытын хуейщ икIи шыщхьэуIум и 31 махуэр хиубыдэу konkurs.jane@yandex.ru напэкIуэцIым егъэхьыпхъэщ. Тхыгъэ щхьэхуэм итын хуейщ тхыгъэр зейм и цIэр, унэцIэр, адэцIэр, къыщалъхуа махуэр, щыпсэу щIыпIэр, щылажьэр е щеджэр, и телефоныр, электрон пощтыр. Къыхэгъэщыпхъэщ ар зыхэт номинацэри. А псори нэхъ тыншу пхуегъэхьынущ konkursjane.adygnet.ru сайтым уихьэрэ, «заявкэ тын» жыхуиIэм тепкъузэмэ.
КъэпщытакIуэхэмрэ зэпеуэм и хабзэхэмрэ щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ konkurs.jane@yandex.ru напэкIуэцIым.