Суд приставхэм я фIыщIэкIэ И лэжьакIуэхэм я улахуэ щIыхуэу IуэхущIапIэм зытригъэхьат сом мелуан 14. Я лэжьапщIэр къаритыжыным теухуауэ щызэгурымыIуэм, лэжьакIуэхэм судым зыхуагъэзащ я хуитыныгъэхэр зэфIагъэувэжын папщIэ.
Судыр Iуэхум хэплъэри, улахуэмкIэ телъ щIыхуэр егъэпшыныжынымкIэ тхылъхэр Iэрагъэхьащ КъБР-м щыIэ УФССП-м Прохладнэ къалэм, Прохладнэ районым щиIэ суд пристав IэнатIэхэм.
Зэныкъуэкъур зи зэраным хабзэм къигъэув пIалъэм къриубыдэу и къалэнхэр щимыгъэзащIэм, суд приставым щIыхуэ зытелъыр хигъэзыхьыну иIэ хуитыныгъэр къигъэсэбэпащ, компанием банк счётхэм щиIэ ахъшэр итхьэкъуащ. КъинэмыщIауэ, абы гурагъэIуащ УФ-м и УК-м 3I5-нэ статьям ипкъ иткIэ уголовнэ жэуап зэрихьынур, суд унафэхэр имыгъэзащIэмэ.
ЗыщIэгупсысыжщ, кIуапIэ зэримыIэр къыгурыIуэри, и лэжьакIуэхэм я улахуэ зэтригъэхьар яIэригъэхьэжащ.
Законым и лIыкIуэхэр Iуэхум и чэзум зэреувэлIам и фIыгъэкIэ цIыхухэм хабзэкIэ я хуитыныгъэхэр зэфIэувэжащ.
ФщIэн папщIэ. Лэжьыгъэ зытым улахуэр игъэгувэмэ е имытыххэмэ, цIыхухэм къагъэсэбэп хъунущ я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ Iэмал зэхуэмыдэхэр. Абыхэм зыхуагъазэ хъунущ кIэлъыплъакIуэ, хабзэхъумэ органхэм, лэжьыгъэ зэныкъуэкъухэмкIэ комиссэм е судхэм.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




