МэшбэвКъэзылъэтыхь цIыв цIыкIухэм яхэту къыщIэкIынкъым мэшбэвым хуэдэу къаугъэншэрэ псоми фIыуэ ялъагъурэ, я дамэ джэдынэхэм я дахагъыр ауэ къэгъэнауэ. Иджы хуэдэ бадзэуэгъуэм ахэр щыплъагъунущ щыгъуэгу хадэхэм, псы Iуфэхэм, пшапэ зэхэуэгъуэм пэш кIуэцIхэм къыщыщIэлъати куэдрэ къохъу. Абыхэм йоджэ мэкъумэшкIи.
Ахэр «энтомофаг» лIэужьыгъуэм хабжэ. Абыхэм яшх хадэхэмрэ губгъуэхэмрэ узыщрихьэлIэ хьэпщхупщ зэранхэр, тхьэмпэ щIагъхэм кIэщIищIэ хьэпIацIэ хупсхэр. Абы къыхэкIыу щIыуэпсым и «дыгъужькIэ» йоджэ. КъэкIыгъэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ пестицид пкъыгъуэ зэранхэр ехьэлIэни хуэмейуэ, абыхэм я къалэныр хъарзынэу ягъэзащIэ. ЦIыхум зыкIи зэран къыхуэмыхъу а псэущхьэ цIыкIум зы махуэм хуэзэу хьэпIацIэ хупс, мэлхьэпIатIэ, бжьыдзэ, гъуанэдэс 60-м къыщыщIэдзауэ I00-м нэс яшх. Абыхэм я шырхэр нэхъ ныбэхуэфIыжщ - зы сыхьэтым къриубыдэу а зи гугъу тщIахэм хуэдэу 40, махуэм 300-400 яхуэшхынущ.
- Мэшбэв цIыкIухэр фи хадэхэм куэду къефшэлIэну фыхуеймэ, абы щыхэфсэ тимьян, къуэнтхъурей, нащэгъэфIэIу удз, шэмэджгъэдыргъ, душицэ. Абыхэм къащI эфир дагъэхэм цIыв цIыкIухэр ирашалIэ, - дыщегъэгъуазэ Кавказ Ищхъэрэ ФГБУ-м ГъавэхэкIхэм я фIагъыр къыщапщытэ и центрым и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэ Шипковэ Аксанэ.
Мэшбэвхэм я фIыгъэкIэ хьэпщхупщ зэранхэм я бжыгъэм хощI, химикатхэр къагъэсэбэпын хуей хъуркъым, апщIондэху гъавэм, хадэхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм я щIыуэпс къабзагъэм хохъуэ. Мыр къыхэгъэщыпхъэщ - а цIывхэм пестицидхэр къегуауэркъым. Аращ сыт и лъэныкъуэкIи къэбгъэсэбэпыну щIэфIыр. Абыхэм я сэбэпкIэ мэкъумэшыщIэхэм хущхъуэгъуэхэм трагъэкIуадэ ахъшэри нэхъ зэгъэзэхуа мэхъу, хьэпIацIэ лIэужьыгъуэхэр зэрыхъун хуей бжыгъэм фIрагъэшыркъым. Абыхэм яшх кIэртIофым трищIэ колорадэ цIывхэм я хупсхэри. ЗэрыфщIэщи, ахэр езы цIывхэм нэхърэ нэхъ зэраныжщ. ИтIанэ, мэшбэвхэм яхэтщ къэкIыгъэхэм я купсэхэм щIэт псы IэфIымкIэ шхэхэри, ахэр нэхъри бэгъуэнымкIэ сэбэпышхуэ къахуэхъуу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




