Ставрополь крайм къыщагъуэтыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм къагъуэтыжащ хъыбарыншэу кIуэда, республикэм щыщ цIыхухъур.

2018 гъэм и накъыгъэм Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Каменномост къуажэм щыпсэу, илъэс 60 зи ныбжь цIыхухъур унэм щIэкIри кIуэдащ. Апхуэдэ нэхъапэми къэхъуат, ар щыгъупщэхти. Зэман гуэр дэкIри и Iыхьлыхэм полицэм зыхуагъэзащ.
Япэу ирагъэкIуэкIа къэлъыхъуэныгъэхэм зыри кърикIуакъым. Арати,цIыхухъур хъыбарыншэу кIуэдауэ къэралым къыщалъыхъуэн щIадзащ. Илъэсрэ ныкъуэм щIигъукIэ абы и Iуэхур зыIутым щыгъуэзакъым.
Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ и къудамэм, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу Ставрополь крайм щыIэм я лэжьакIуэхэм дэщIыгъуу, къэлъыхъуэн Iуэхухэр ирагъэкIуэкIащ икIи Ставрополь и Предгорнэ районым и фермер хозяйствэхэм я зым къыщагъуэтащ кIуэда дзэлыкъуэдэсыр. ЦIыхухъум мэлхэр игъэхъурт. Абы зэрыжиIамкIэ, хабзэншагъэ лъэпкъ къыкIэлъызэрахьакъым.
Хабзэхъумэхэм къагъуэтыжар и унэм нагъэсыжащ.

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: