Я зэфIэкIым хагъахъуэ«Эльбрусское долголетие» фIэщыгъэм щIэту Налшык дэт Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м щекIуэкIащ эндоскопиемрэ хирургиемкIэ япэ Кавказ Ищхъэрэ форум. Зэхыхьэм къэкIуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я эндоскопие IэщIагъэлI пажэхэр, апхуэдэуи онлайн жыпхъэм иту хэтащ къэралым и хэгъэгу зыбжанэм и дохутыр цIэрыIуэхэри. Форумыр къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм хирургиемрэ эндоскопиемкIэ и комиссэмрэ Вишневский А. В. и цIэр зезыхьэ, ХирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрымрэ. МахуищкIэ екIуэкIа зэхыхьэм къыщапщытащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и эндоскопие IэнатIэм и щытыкIэр, къапщытащ унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ IэмалыщIэхэр къызэрагъэсэбэпыфынумрэ сымаджэхэм хуащIэ дэIэпыкъуныгъэхэм я фIагъыр зэрыхагъэхъуэфынур зыхуэдэмрэ, эндоскопие къудамэхэр лъатэмрэ кIэтIиймрэ япкърыт лышх узыфэхэр къэхутэнымкIэ лъэпкъ программэр зэрагъэзэщIэнум зэрыхуэхьэзырри зэхагъэкIащ. - Эндоскопиемрэ хирургиемрэ я зыужьыныгъэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэтша зэхыхьэм хуэдэ иджы япэу Кавказым щедгъэкIуэкIыу аращ, - жиIащ форумым и унафэщI, Урысей эндоскопие зэгухьэныгъэм и правленэм хэт, Вишневский А.В. и цIэр зезыхьэ, ХирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрым и профессор Старков Юрий. – Мы Iуэхур къызэдгъэпэщащ егъэджэныгъэ жыпхъэм иту, IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэм нэхъ куууэ хэгъэгъуэзэным, унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ IэмалыщIэхэр IэнатIэм къызэрыщагъэсэбэпынум теухуауэ. Мы форумыр Урысей Федерацэм хирургиемрэ эндоскопиемкIэ и комиссэмрэ Вишневский А.В. и цIэр зезыхьэ, ХирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрымрэ я нэIэм щIэту Эндоскопиемрэ эндохирургиемрэ урысей еджапIэм иригъэжьа IуэхугъуэщIэщ. Ар хуэунэтIащ медицинэ еджапIэхэмрэ клиникэ цIэрыIуэхэмрэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм и пIалъэм, технологиещIэхэм я зэфIэкIым къэралым и щIыналъэхэм я IэщIагъэлIхэр нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэным. Нобэ медицинэм псынщIэу зеужь, илъэс ныкъуэ къэс щIэ гуэрхэр къыхохьэ. IэзэкIэщIэхэм, жыпхъэщIэхэм щыгъуазэрщ лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэнури абы ехъулIэныгъэ щызиIэнури. Москва, Уфа, Краснодар, Налшык я IэщIагъэлI пажэхэм КИФЩI-м эндоскопиемкIэ и IэнатIэхэм щылажьэ эндоскопистхэм, хирургхэм, онкологхэм, колопроктологхэм, медсестрахэм папщIэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ. Форумым и лэжьыгъэм хыхьэу КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Старков Юрийрэ щыIащ Налшык щаухуэ поликлиникэ нэхъ ин дыдэм. Абыхэм зрагъэлъэгъуащ амбулаторэ эндоскопиемкIэ центрыр зыхэтыну щIыпIэр. Псалъэм папщIэ, абы иIэнущ диагностикэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIыну, цIыхухэм зыщIатIэщIыну-зыщахуэпэжыну, чэзум щыпэплъэну, наркозыр япкърыкIыжыхукIэ зыщIэлъэну пэшхэр. Центрым и лэжьыгъэр медицинэм и иджырей жыпхъэщIэхэм тету, зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэ псомкIи къызэгъэпэщауэ щытынущ. Старков Юрий жиIащ поликлиникэм хэту къызэIуахыну эндоскопие центрым лэжьыгъэшхуэ зэрырахьэлIэр, абы къекIуэлIэнухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ ар къызэрызэрагъэпэщыр иджыри ухуэныгъэр здекIуэкIым гу зэрылъыптэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




