УхуэныгъэщIэхэр

Бахъсэн къалэм и Школьнэ уэрамымрэ Олимпийскэ лъэс зекIуапIэмрэ, Дыгулыбгъуей жылэм Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамыр щызэрагъэпэщыж.

ЩIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ километри 3,3-рэ зи кIыхьагъ уэрамым асфальтыр тIуащIэу тралъхьэнущ, гъуэгури лъэс зекIуапIэхэри къагъэнэхунущ, гъуэгу дамыгъэхэр, зэпрыкIыпIэхэр щIэрыщIэу тращIэнущ. Гъуэгухэр йокIуалIэ цIыху 1224-м ятещIыхьауэ яухуэ школыщIэм.
ЕджапIэщIэм зэрихьэнущ дуней псом щыяпэ космонавт Гагарин Юрий и цIэр. Мы махуэхэм щIыналъэм и унафэщIхэм зрагъэлъэгъуащ ухуэныгъэр здынэсар, ихъуреягъыр зэIузэпэщ зэращIыр, класс, классщIыб лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэпыну Iэмэпсымэхэр, зэрырагъаджэ зыхуей-зыхуэфIхэр. Школым хэтщ нэгузыужь программэхэр, зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIыну пэшышхуэ, футбол, баскетбол джэгупIэхэр, класс пэш хуитхэр. Иджырей мардэ нэхъыфIхэм тету яухуэ еджапIэр сыткIи хуэщIауэ щытынущ, егъэджэныгъэм имызакъуэу, творческэ, физическэ, классщIыб лэжьыгъэхэми.
ЕджапIэр фокIадэм и 1-м къызэIуахынущ. Иджыпсту абы щылэжьэнухэмрэ щеджэнухэмрэ ягъэбелджылы.
 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: