Иджыпсту дуней псом зыщызыубгъуа коронавирусым теухуауэ къамыпсэлъарэ ямытхарэ укIуэдыж. Хэти ар политикэ Iуэху щIэкIэу жеIэ, хэти а вирусыр ди нэгу къытхущIэмыгъэхьэну шынагъуэу, цIыхубэр гужьеигъуэ хамыдзэн папщIэ, абы икIуэдыкIам и пэжыпIэр ямыгъэхъыбару хуегъэфащэ. Арами, пэжыр зыщIыпIи пхуэхьынукъым: къахуэмыгъэувыIэу зызыубгъуа уз зэрыцIалэм цIыху куэд ехь.
Мы узыфэ шынагъуэм иубыду, зи уэрамхэр нэщI хъуа къалэхэмрэ къэралхэмрэ дынэмысу, ди щхьэ Iуэху зетхуэжынщи, Урысейм ди Iуэху зыIутыр сыт? Пэжу пIэрэ, псалъэм папщIэ, ди къалащхьэм и еджапIэхэмрэ курыт школхэмрэ щIэсхэр дистанционнэ IэмалкIэ (я унэ къыщIэмыкIыу) ирагъэджэну зэрытраухуар, илъэси 10 хъу хъыджэбз цIыкIум короновирус къызэрефыкIыр ямыщIэу махуэ зыбжанэкIэ еджапIэм зэрыкIуар?
Псом япэрауэ, дигу къэдгъэкIыжынщ 2019 гъэм уз зэрыцIалэхэм зэрызыкъагъэлъэгъуар…
2019 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу Урысейм грипп къызэуэлIахэм я бжыгъэр процент 40-кIэ хэхъуауэ щытащ 2018 гъэм ебгъапщэмэ. Псом хуэмыдэу, Китаймрэ ди къэралымрэ я зэпылъыпIэм дэлъ щIыналъэхэмрэ Кавказымрэ нэхъ къыхэIэбат ар. ЯпэщIыкIэ, щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ мы щIыпIэхэм вирус лIэужьыгъуэщIэ гуэр къыщыунэхуарэ, зэрыцIалэу. Ауэ, къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Кавказымрэ Урысейм и къуэкIыпIэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм я иммунитетыр махэ хъуарэ, къызэрыгуэкI пыхусыхум пэмылъэщу къыщIэкIащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу, гриппыр зэфыкIхэм я бжыгъэр процент 57-кIэ щыхэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Амур областым - 1-кIэ, Ставрополь крайм - 10-кIэ, Иркутск областым, Хабаровск крайм, Алтай Республикэм, Бурятием - 4-кIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, нэгъабэ зи иммунитетыр ехуэха, ар зыгъэбыдэжыну хунэмыса цIыхухэрщ коронавирусыр «зэщакIуэри».
Гриппым и хъыжьэгъуэр хуозэ щIышылэ - мазае - гъатхэпэ мазэхэм, нэхъ зэуалIэри ныбжьыщIэхэращ. Аращ нобэ ди нэгу щIэкIри.
Коронавирусыр Китайм къыхэуэу и лъэр щIихами, Урысейм и уз зэрыцIалэр пневмониекIэ къыщIидзащ. Пневмониер тIууэ егуэш: антибиотик защIэкIэрэ унэм щагъэхъужымрэ сымаджэщым щIэлъу зэIэзэмрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, япэр нэхъ «жыIэдаIуэщи», унэм ущIэсуи пхуэгъэхъужынущ, етIуанэр апхуэдизкIэ хьэлъэщи, дохутыр нэхъ Iэзэ дыдэр сэбэп къыщыпхуэмыхъуфыни щыIэщ. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ, цIыхум плъыржьэрыр къеуэлIарэ псчэмэ, икIэщIыпIэкIэ дохутыр къегъэплъын хуейщ, пхуэмыгъэзэкIуэжын гуэр къэмыхъу щIыкIэ.
2020 гъэм и щIышылэ мазэм къриубыдэу Урысейм и цIыху мин 90-м щIигъум къефыкIащ пневмоние «жыIэдаIуэр», цIыху мин 351-м - пыхусыхур. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я иммунитетыр иджыри зэпцIыжакъыми, пыхусыху зэуэлIа псоми коронавирус яIэрэ ямыIэрэ къапщытэ. СыткIэ зэпха-тIэ коронавирусымрэ пневмониемрэ?
«Коронавирусыр и чэзум къыумыхутэрэ и хущхъуэгъуэ иумыхьэлIэмэ, пневмонием хуокIуэж. Апхуэдэр бгъэхъужыну гугъу дыдэщ, нэхъыбэр зэрылIыкIри аращ. Езы коронавирусым, пыхусыхум хуэдэу, температурэ къуитыркъым, ауэ мащIэу уопсчэ, укъопс. Гу лъумытэххэу къыщIидзэнущ, ауэ и чэзум умыгъэужьыхмэ, зиубгъунурэ, къыпхуэгъэувыIэжынукъым. Къыхэгъэщыпхъэщ коронавирусым къигъэхъея пневмониер къызэрыгуэкIым хэбгъэгъуэщэнкIэ, дэ дызэсар догъэхъуж жыпIэурэ, сымаджэм епхьэлIэ хущхъуэгъуэхэр сэбэп мыхъуурэ, цIыхур къыпIэщIэлIэнкIэ зэрыхъунур. ГурыIуэгъуэщ, а тIур къэзыгъэхъей вирусри, зэрагъэхъуж Iэмалхэри зэрыщхьэхуэр. Абы къыхэкIыу, цIыхум къеуэлIа пневмонием и щхьэусыгъуэр къыпхуэщIэнукъым анализ иумыгъэкIуэкIауэ», - жеIэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей лъэпкъ университетым узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Пирогов Владимир.
Коронавирусыр еуэлIауэ, абы щIэныгъэлIхэмрэ дохутырхэмрэ щыхьэт техъуауэ, Урысейм цIыху 34-рэ исщ иджыпсту. Иужьрей жэщ-махуэм къриубыдэу, Москва, Калининград, Краснодар къалэхэм щыщу цIыхуи 6 сымаджэ хъуащ. Абы къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщ Куржым коронавирусыр къызэрыщыхъеям къыхэкIыу, и къэрал гъунапкъэхэр зэригъэбыдар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу пщIымэ, мы узыфэ зэрыцIалэр къефыкIыу зы цIыхуи къытхэткъым, ауэ коронавирусыр къыщекIуэкI къэрал зыбжанэм къикIыжагъащIэу цIыху 22-рэ къыхагъэщхьэхукIауэ, дохутырхэр кIэлъоплъ.
«Коронавирусым зыщыпхъумэн папщIэ пневмонием и прививкэ егъэщIын хуеяуэ аращ и чэзум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу цIыху мелуани 2-щ абы пхыкIар. Сабийхэм зыгуэрурэ дакIэлъыплъыфми, балигъхэм къагурыIуэркъым прививкэм и мыхьэнэр», - къыхигъэщащ Пироговым.