«Россельхоз» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ди щIыналъэхэм щыхаса хъарбызым и хъугъуэ нэсащ.
Хъарбызыр пхъэщхьэмыщхьэ хьэмэрэ хадэхэкI? - къыщIэддзэнщ абыкIэ. Абы купщIэрэ жылэрэ зэриIэр къапщтэмэ - пхъэщхьэмыщхьэщ, ауэ биологхэм къызэралъытэмкIэ, ар пхъэщхьэмыщхьэ нэпцIщ, сыту жыпIэмэ, и фэм и быдагъымкIэ абыхэм яхэббжэ хъунукъым, къэбхэкIхэр къэнауэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар и фэмкIэ къэбхэм, и кIуэцIымкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэм хеубыдэ - тIури къызэщIэзыубыдэ къэкIыгъэщ.
Хъарбызу граммищэм хэлъщ магнийу цIыхум зы жэщ-махуэм игъуэтын хуейм и процент 60-р. Абы къыхэкIыу, гур тэмэму егъэлажьэ. Ар кхъуейм щIыгъуу пшхыныр сэбэпышхуэу къалъытэ, магнийри къупщхьэмкIэ сэбэп кальцийри зэгъусэу Iэпкълъэпкъым зэрыIэрыхьэм къыхэкIыу. Хъарбызым и процент 90-р псыщ - кIуэцIыр къегъэкъабзэ хуэдэ щымыIэу, жьэжьейхэр фIыуэ егъэлажьэ, Iэпкълъэпкъым ириубыда псыр къыпкърех. Фолиевэ кислотамрэ гъущIымрэ узыншагъэр ирагъэфIакIуэ, узхэм тыншу япэщIэтын хуэдэу, цитруллин пкъыгъуэм гукъыдэжыр къеIэт.
ЦитруллинымкIэ нэхъ къулейхэм ящыщщ алоери, ауэ хъарбызым елъытауэ ар пшхыну, дауи, нэхъ гугъущ.
Хъарбызым бгъэдэлъ фIы псори зэ кIуэдыжыгъуэм хуагъэкIуащ щIыр хуит зыхуащIа бэджэндырылажьэ языныкъуэхэм: ахэр дунейм езым игъэува мардэхэм токIри, я хадэхэкIыр псынщIэу къагъэхъуу, адрейхэм нэхърэ фейдэ нэхъыбэ къыхахын папщIэ, хьэгъэщагъэрэ гъэпцIагъэу зыхуемыкIуэр къэгъуэтыгъуейщ. Ахэр егупсысыркъым хъарбызыр къэзыщэхухэм я узыншагъэм зэранышхуэ хуэхъункIэ зэрыхъунум. Хъарбызым и хъугъуэ нэсащ жыпIэу утегушхуэу, дэнэ и дежи къыщыпщэху хъунукъым - япэщIыкIэ зэвгъащIэ ар къэзыгъэкIахэм, абыхэмрэ щэхуакIуэхэмрэ яку дэт сондэджэрхэм ящэ ерыскъыр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ дэфтэр яIыгърэ ямыIыгърэ
Хъарбыз жылэр пшхы хъуну?
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абы лышх узым зригъэубгъуркъым, гумкIэ сэбэпщ, лъы дэуейр кърегъэлъэхъшэх, жьыгъэм пэщIэтщ. Къэбым и жылэми холестериныр зэтриIыгъэщ, лъатэ узымкIэ сэбэпщ, ауэ ухуэсакъыпэу фIэкIа пшхы хъунукъым (махуэм хуэзэу граммитI) - чэм зэран хуэхъунущ.
Сыт хуэдэ хадэхэкIми цIыхур зыхуеину псори хэлъщ, ауэ сэбэпынагъыр зэраныгъэм хуэкIуэну фыхуэмеймэ, псомкIи мардэ зэрыщыIэр фщыгъупщэ хъунукъым.