Зи псалъэр данэ хужьым ещхь

ЦIыху къэс зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гупсысэкIэкIи псэлъэкIэкIи зэщхькъым. Мыбзаджэу адыгэбзэкIэ псалъэу, ауэ абы хилъхьэ щIагъыбзэм уигъэундэращхъуэу къызэрызыгъэкIхэр щыIэщ. Апхуэдэ дыдэуи, мащIэкъым зи бзэм зыщумыгъэнщIу, къохуэбылIэу икIи къощэбэкIыу зэкIэлъызыгъакIуэхэр. Адыгэ цIыхум хуэдэу набдзэгубдзаплъэ дэнэ къипхынт?!

Лъэпкъ IуэрыIуатэм зи цIэ къыхэна Къазий Хьэнифэ и псалъэр щхьэхуитыныгъэм щIэбэн щIалэ куэдым гъуазэ яхуэхъугъат, анэр къазэрепсэлъэнум хуэдэу, псэлъыхъу пщащэр къазэреIущэщэнум хуэдэу, шыпхъур къазэрыхуэбзэгуфIэнум хуэдэу къэIурти. ЖыпIэнуращи, хэти къилъыхъуэр щызэхихырт. Гугъэзагъэ къозыт цIыхубз псалъэр пасэрей адыгэжьым данэ хужьым хуигъэдащ. Данэщ, зэхэзыхым лъапIэ къыщохъури, хужьщ, кIуэцIылъыр къабзагъэмрэ дахагъэмрэ яхуэгъэзащи.

Адыгэ гупсысэкIэм иримыгъуазэтэмэ, дэнэт апхуэдэ зэгъэпщэныгъэр къыздрихынур зи псалъэр цIыхубз акъыл гъэтIысакIэ зэпэзышачэ, гущIэгъур, лъагъуныгъэр, пэжагъыр, дахагъыр щыгъэу зэпызыщIэ адыгэ усакIуэ Хъунагуэ Саидэ. Абы и усэ тхылъ дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIакъым. КъыщысIэрыхьами, сегупсырт: адыгэ псалъэр екIуу зэкIэрешхэ, сыт хуэдэ гупсысэ щIэщыгъуэу пIэрэ утыку кърилъхьар, жысIэри. ИкIи, пэжыр жысIэнщи, сыщыгуфIыкIыжащ. Ди гъащIэм щIыпIэшхуэ щызыубыд цIыхубз акъылыр зэрыгуащIафIэм, и гулъытэ къуэпсхэм жыжьэ зызэрадзым, гугъэ-гурыщIэ дахэхэр къызэщагъэуну лъэкIыныгъэ зэраIэм я шэсыпIэ нэсу къыщIэкIащ дунейм къытехьа тхылъыщIэр.

Литературэм и пщэрылъхэм ящыщщ цIыхур иущииныр, абы зегъэузэщIыныр, фIымрэ емрэ, екIумрэ емыкIумрэ, дахэмрэ Iуплъаджэмрэ зэхигъэкIыфу гъэсэныр. Адыгэ къалэмыр къэзыщтахэм я нэхъыбэр тхыдэм хуеплъэкIырт, абы къыщыхъуа гуIэгъуэхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ гъэсэпэтхыдэ папщIэу щIэблэм зэрыбгъэдалъхьэжынум хущIэкъуу. Ар хьэкъщ, ипэжыпIэкIэ жыпIэми, арыншэу лъэпкъ щIэжым зумыгъэIэтыфынри зыхуэIуа щыIэкъым. Ауэ цIыхупсэм сыт щыгъуи къелъыхъуэ псэхугъуэ, нэхъыжьыфIхэм я жыIауи, гур щигъэтIылъ хъун губгъуэ дахэ. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, адыгэ дунейм телъ пшагъуэр трихуу лъэпкъ усыгъэр ягъэбжьыфIэ Къэшэж Иннэ, Къармэ Iэсият, Къаныкъуэ Заринэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Хьэкъун Заремэ, Хъунагуэ Нуриет, ГутIэ Саният, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм ящыщщ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ лъэпкъ литературэм еплъыкIэщIэрэ дуней лъагъукIэ щIэщыгъуэкIэ къыхыхьа Хъунагуэ Саиди.

Хъунагуэр зытет дунейр зыми ещхькъым. Абы уэри щIыри, мазэри дыгъэри, жэщри махуэри зэгурегъаIуэ, псэ зыIуту дунейм тетыр зэхуегъэсакъ – а мардэм къытемыкIын щхьэкIи, усакIуэм и гупсысэ далэр дэтхэнэми ятрегуашэ. Хъунагуэ Саидэ къигъэщI псалъэр хьэлъэкъым, уеблэмэ къызэрыгуэкIыу къыпщыхъунущ, апхуэдэу щыт пэтми, мэущие, уеунэтI, пфIэкIуэда гугъэхэр къызэщегъэу, псэр къызэщIаIэтэ, нэхъыщхьэращи, узыщыщ лъэпкъымкIэ гумащIэ уещI, уи гуащIэ къыдэкIым щыщ абы ептыну уащIу.

Хъунагуэ Саидэ «Си псалъэр – данэ хужьщ» фIэщыгъэ дахэр зрита усэ тхылъыр щыхьэт тохъуэ и псалъэм уасэу хуищIыр зыдищIэжу зэрыщытыр. Къызэрыхэдгъэщащи, псалъэм теухуамэ, адыгэхэр данэ хужькIэ зэджэр цIыхубз акъыл гъэтIысам хэлъ къарурщ, захуагъэм и щапхъэр дунейм пхызыш гупсысэкIэрщ. ЦIыхубзыр – анэщ, щхьэгъусэщ, пхъущ, ныбжьэгъущ. Абы и гулъытэрэ и псалъэрэ ягъуэт пщIэм гъунэ имыIэу, хьэтыр хуащIу, къалъыхъуэу къэгъуэгурыкIуащ. Я нэхъ пхъашэу зэпэщIэува цIыхухъуитIыр щхьэлъащIэм игъэупщIыIужыфырт, хэбгъэзыхьмэ, зэгуригъэIуэжыфырт. Аращ данэ хужь хъужу, сыт хуэдэ дали адыгэм къилъыхъуэу щытари.

УсакIуэм и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ кърилъхьа тхылъыр Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхащ, ауэ цIыхугъэм теухуауэ иIэ гумэщIыгъуэхэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ нэрымылъагъу зэпхыкIэ абыхэм я зэхуаку къыдалъхьэ. Ахэр усэ тхылъым и лъынтхуэу жыпIэми пцIы хъуну къыщIэкIынукъым. Тхылъыр къызэIуех АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ «Хъунагуэ Саидэ и дамыгъэ щэху» зыфIища тхыгъэм. ЦIыхуу ущытыным, цIыхугъэ пхэлъу упсэуным, гъащIэр цIыху щапхъэ дахэхэмкIэ бгъэнщIыным къарыкIымрэ щыIэныгъэм къигъэув нэгъуэщI упщIэбэми я жэуап къэзылъыхъуэ усакIуэм и ужьым итым хуэдэщ гъуазджэхутэр. УсакIуэм и пIэ зэриувэр, ар зэрызихыщиIэр къыхигъэщу, Щхьэлахъуэм и тхыгъэм мыпхуэдэу щыжеIэ: «Ялъагъур къызэрыгуэкIыу псалъэкIэ къэзыIуэтэжхэм ящыщкъым Саидэ, абы увыIэгъуэ имыIэу щIоупщIэ, упщIэу игъэувым я жэуапыр къелъыхъуэ, цIыхур фIыуэ елъагъури, абы зыхуегъазэ, йопсалъэ, и гъусэу мэгупсысэ, и гъусэу мэщыгъуэ, и гъусэу мэгуфIэ… ФIыри ери гъащIэм мымащIэу зэрыхэлъыр цIыхум зэхрегъэщIыкI, къэув сыт хуэдэ Iуэхуми акъыл гъэтIысакIэ бгъэдохьэ, хэт IумыщIэми, и гур къабзэу, зэлъыIухауэ пыкъуокI. Ди пащхьэ илъ тхылъыр усэ зэужьщ жыпIэу зэбгъэтIылъэкIыжыфыркъым, зым адрейр къыпыувэу узыIэпешэ, адэкIэ жиIэнур сыт жыпIэу уегъэпабгъэ».

Щхьэлахъуэм къыхегъэщ Хъунагуэм и IэдакъэщIэкIхэр зэрыгъэщIэгъуэныр, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ куэд набдзэгубдзаплъэу и гупсысэ шыбзэм зэрыщIигъэкIыр, литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ а псор щхъуэкIэплъыкIэу къиIуэтэн зэрылъэкIыр. Ар, уегупсыс зэрыхъунумкIэ, къызыхэкIыр Хъунагуэм адыгэбзэр фIы дыдэу зэрищIэрщ, абыкIэ зэрыгупсысэрщ, икIи, и цIыху щIыкIэм ухуеплъэкIмэ, и гум фIэфIыр и псэм зыхищIэу, абы иригъуазэу зэрыщытырщ. Аращ Хъунагуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа усэхэр пшыналъэу абы еджэм деж щIынэсыр, щIызыхищIэр, къыщIищтэр.

Тхылъым хэлъ фIагъым щыщу къэлъытэн хуейщ и гупсысэм ухимылъасэ щIыкIэ и усэм хуищI фIэщыгъэм абы ухуигъэхьэзыру, а къежьапIэр езыр зэгъэпэщауэ зэрыщытыр. Абыхэм нэгум зэуэ къыщIагъэувэ теплъэгъуэхэр уэрэдыпкъыу къыпщохъу, усакIуэм и псалъэхэр екIуу щIэувэжу. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Псэр ныкъуакъуэу уэгум щохуарзэ», «Сэри мы дунейм сыкъызэхедз…», «Бысым лъэхъущ си гугъэр», «Къигъэзэжауэ жаIэ дунейм», нэгъуэщIхэри.

УсакIуэм фIы дыдэу къыгуроIуэ ущалъхуа лъахэм хуэдэу ущыгупсэхуну дунейм щIыпIэ зэрыщымыIэр. Хэту щытми, и бзэгъу къэзымылъыхъуэ цIыху щыIэкъым, абы къыхэкIыуи уи къежьапIэхэр, уи лъэпкъ зэхэщIыкIыр, уи адыгагъэр дэнэ щIыпIэ ущымыIэми, ухуэсакъыу пхъумэн хуейщ – ахэращ уи адэжь жьэгум уезышэлIэжынур. «Си псалъэр – данэ хужьщ» тхылъыщIэм Хъунагуэм псалъэр зэрыIэзэгъуэр, ухуэсакъ къудеймэ, гузэхэщIэ лъагэхэр къызэщIиIэтэн зэрылъэкIыр къыуегъащIэ. УщыIэным шыIэныгъэшхуэ сыт щыгъуи зэрыхуейр усэ сатыр щхьэхуэхэмкIэ къыуегъащIэ:

«ЦIыхухэр зы усэщ,

ЦIыхухэр зэхуоусэ,

ЦIыхухэр зэхуэдэщ,

ЦIыхухэр зэуасэщ,

ЦIыхухэр зы уасэщ,

ЦIыхухэр псори зэнэIуасэщ –

ЦIыхур цIыхум хурехъу арэзы! – щыжеIэ «ЦIыхухэр зы цIыхум хуэдэщ» усэм. Лъэпкъыщхьэр зымыгъэлъапIэм цIыхущхьэри къридзэнукъыми, япэщIыкIэ абдеж къыщежьэн зэрыхуейр усакIуэм къегъэлъагъуэ.

ГъащIэ бгъэщIэныр псысэ щIэращIэ ухэтыным зэремыщхьыр ещIэ усакIуэм. Аращ дахагъэм, гуапагъэм, щабагъэм къыхуриджэми, гумрэ псэмрэ къытегъуалъхьэ зэрыщыIэр къыщIыхигъэщыр – цIыхур гуфIэгъуэ закъуэкъым щызыгъэIэр, кIыфIыр и гущIыIум къыщихьэри куэдыкIейщ. Ауэ шыIагъэрэ акъылрэ зиIэм зэм-зэм махуэ уэфIи зэригъуэтыжыр дахэу зэпегъэувэ:

«Къехыжыт сигу, урахыпаи,

НэщIым и щIыIэр къысхоIэ,

КъэкIуэжыт сигу, уратхъыпаи,

НэщIым и щIыб къыуегъазэ.

КIыфIым и щIыфэр си джанэщ,

Къупщхьэхэм зыкъысхагъанэ,

Зепщэу жьым еубыдри,

Сигу ирачар якъутэ…» – щетх «Гум деж» зыфIища усэм.

ГъащIэм сытри щызэпэщIэтщ, ауэ цIыхур Iущмэ, а зэпэщIэт лъэныкъуитIым я зыр къыхимыхыу щыIэныгъэм зэрыхуэщхьэпэн Iэмал къызэригъуэтынум иужь итынущ. ФIыцIэ псори Iейкъым икIи гуауэкъым, атIэ нэр мыплъэу къыжьэдэзыкъуэфыну хужьыр зэIызых плъыфэщ. Апхуэдэ еплъыкIэкIэ гъащIэм и къэхъугъэ дэтхэнэми убгъэдыхьэфмэ, ар зыхуейкIэ щызу зэрыбгъэщIынум пцIы хэлъкъым. Хъунагуэ Саидэ и бзэ дахэр апхуэдизкIэ бзылъхугъэ гупсысэ шэрыуэкIэ узэдащи, дунейм къыщекIуэкI дэтхэнэри зыщIэбгъэкIыну шыбзэми ухуегъэсакъ – псори щIэщыгъуэщ, псом щхьэкIи гур мэуз, псом щхьэкIи хэкIыпIэ къелъыхъуэ.

Дунейм къытехьа тхылъыщIэр гъэсэпэтхыдэм ещхьщ. Iэмал иIэкъым узыхуей псори бгъуэтынкIэ, зыгуэри къэнэнущ, зыгуэри къэплъыхъуэнущ. ГъащIэм и дурэшплIэрэшхэм дэлъу къытщыхъу хъугъуэфIыгъуэхэм я къэлъыхъуэныр зэпыдгъэууэ, Сэтэней-гуащэ зытеса шордакъым хуэдэ гуэрым дыкъитIысхьэмэ, мы усэ тхылъым зэ дыпхрыплъмэ, шэч хэлъкъым, дызыгъэгъуэзэн гуэр къызэрыхэтхынум. ИкIэм-икIэжым, Саидэ езым къилъихъуэри аращ –нэщIэбжьэ куэд зылъэгъуа мы лъэпкъым цIыхубз акъылкIэ зыкъригъэщIэжыну. Гъуэгу махуэ теувэну, усакIуэм и упщIэхэм ягъуэт жэуапыр гупсысэщIэу къыкIэлъыкIуэну тхылъыщIэм дыщрихьэлIэжыну си гуапэщ.

Тхыгъэм и кIэм иджыри зы Iуэху къыхэзгъэщынут: усакIуэм мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэр егъэлъапIэ. Тхылъым кърита гухэхъуэр и гъащIэм хэмыкIыу, фIым гупэкIэ зыкъыхуигъазэрэ ем къыпикIухьу псэуну дохъуэхъу!

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: