Я гъащIэм хэлъ щэхухэрЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, къуажэ гъащIэм хэта, гур хэзыгъахъуэ куэд цIыхум IэщIыб ищIащ. ФIэщщIыгъуейщ иджы хуэдэ зэманым гъуэгубгъу жьауэхэм, псы Iуфэхэм загъэпсэхуу къаз е бабыщ бын Iусу плъагъуныр. Плъагъу хъужыкъуэми, ахэр зыкIи ещхьыжкъым ди нанэхэм ягъэхъуу щытахэм. Адыгэ джэд цIыкIухэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащIэ дыдэ хъуащ. Абыхэм я пIэм къиуващ иджырей джэд IэрыпI пIащэшхуэхэр. Бабыщхэр-щэ? Куэдым ящIэжу пIэрэ абыхэм яIа теплъэ дахащэр? Ахэр къуэлэнт, плъыфэ куэду зэхэтрэ, зэщIэлыдэжу. ИтIанэ псоми я дамэпкъым хуэзэу «ромб» щIыхупс хэтт. Ахэр къыздикIауэ щытам и жэуапыр нобэ къэгъуэтыгъуейщ. Апхуэдэ бабыщхэрщ унагъуэ къэс яIэу щытар. Бабыщ хужьхэри щыIащ а зэманхэм, ауэ абыхэм джэдкъаз фермэхэр мыхъумэ, унагъуэхэм уащрихьэлIэртэкъым. Зэманыр кIуэурэ япэхэр кIуэдыжащ. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр ахэр губгъуэ бабыщхэми мащIэу зэрещхьырт. Хэт ищIэрэ. дуней пасэм ахэр цIыхум къигъэIурыщIахэм яхэтагъэнкIи хъунщ. АбыкIэ шэч уэзыгъэщI Iуэхум хэлъащ. Ахэр зиIэхэм пщIантIэм дагъэкIыщэу щыттэкъым. ПщIантIэ удзыпцIэхэм щагъэкI кхъужьей жыгышхуэхэм я лъабжьэр лъахъшэу, зы белыпэ хуэдэкIэ иратIыхырти, абы псы изу иракIэрт. Бабыщхэм я IутIыжт - есырт, зыхагъапскIэрт, ирафырт. Хэт ищIэрэ - псы ежэххэм хаутIыпщхьэмэ, къамыгъэзэжынкIэ шынэрэт губгъуэ хуитым есахэр. Джэдкъазхэми дэ дызыщымыгъуазэ дуней тетыкIэ гъэщIэгъуэн яIэжщ. Псы щIыIум щес бабыщ, къаз щыр цIыкIухэм уакIэлъыплъыныр гухэхъуэгъуэщ: зы мэскъалкIэ лъэныкъуэкIэ иримыхьэкIыу ахэр анэм и ужьым итщ. Дауэ зэи зызымыхъуэж апхуэдэ мардэм тетыныр абыхэм къазэрехъулIэр? Физикхэм дызэрыщагъэгъуазэмкIэ, жэуапыр гидродинамикэм и хабзэхэм епхащ. Псым и толъкъунхэр къазэрыпэщIэуэр япэм иту кIуэ анэм зэтреубыдэри, абы и ужьым ит и шырхэм я къарур хъума мэхъу. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, бабыщ, къаз бынхэм яхэлъу къигъэщIар гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым къыщыбгъэсэбэпыфынущ. Псалъэм папщIэ, хым тет кхъухь хьэлъэзешэхэр зэкIэлъхьэужьу, зым и «лъэмбым» адрейр иту, гъуэгу техьэмэ, абыхэм ягъэс дагъэгъэсыныпхъэр куэдкIэ нэхъ зэгъэзэхуа хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




