Гъэмахуэ лэжьыгъэ

ШколакIуэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр иухыным иджыри мазэ псо иIэщ. Класс нэхъыжьхэм щеджэ куэд езыхэм я сом къызэралэжьыжыным хэтщ икIи ахэр щыплъагъунущ, я адэ-анэхэм ящIыгъуу, парк кIуэцIхэм илэжьыхьу, ерыскъы хьэзырхэр лъакъуэрыгъажэкIэ кърашэкIыу, уеблэмэ Iэпыдзлъэпыдзу щIакхъуэгъэжьапIэхэм щIэту, тыкуэнхэм ящэ хьэпшыпхэр, шхапIэхэм щапщэфI ерыскъыхэр зэрыт тхылъымпIэхэр гъуэгурыкIуэхэм хуагуэшу. Къуажэм дэс цIыкIухэри нэхъ къалэныншэ хъуркъым. Абыхэм лэжьыгъэ щагъуэт пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмрэ хадэхэкIхэмрэ елэжь мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, уней хозяйствэхэм, гъэш фермэхэм. 

Урысейм и Правительствэм къыхилъхьа унафэм тету курыт еджапIэхэм зэрыщрагъаджэ программэхэм къыхохьэж лэжьыгъэм тегъэщIа дерсхэр.
Зэманым къыдэкIуа технологие зыужьыныгъэм и фIыгъэкIэ цIыхухэм къарукIэ кърахьэлIэу щыта Iуэху куэд IэщIыб хъуащ, ауэ сыт хуэдэу дунейм зимыужьами, цIыхухэм я гуащIэдэкIыр кIуэда хъунукъым. 
ИпэкIэ щыIа мэкъумэш техникэхэр мазэ енкIэ зыпэрыту щыта лэжьыгъэхэр, компьютер программэ пыухыкIам тету, махуэ зыбжанэм зэфIэзыгъэкI иджырей комбайнхэр, тракторхэр гъащIэм къыхыхьа пэтми, цIыхум IэкIэ ищIэ Iуэху щхьэхуэхэр щылей къэхъуркъым.
Робот ехьэжьахэр иджыпсту гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым къыщагъэсэбэп хъуащ, ауэ фIэщщIыгъуейщ цIыхум и IэмкIэ ищIэхэм, гъущI Iунэ нэхъ мыхъуми, тэмэму хиукIэфын щхьэкIэ, абыхэм уахуеиныр - дэтхэнэми я къэгъэсэбэпыкIэ яIэжщ. Лэжьыгъэ дерсхэм увыпIэшхуэ щаубыду щыта лъэхъэнэр лъэлъэжа нэужь, ди жагъуэ зэрыхъунщи, IэщIагъэм ехьэлIа псори къызэранэкIат, пхъащIэ, гъукIэ, дэрбзэр, тракторист, слесарь, гъущIгъавэ хуэIухуэщIэхэм зыри хуэмеижыну къащыхъуу. Зэманым къигъэлъэгъуащ экономист, юрист, дохутыр фIэкIа здэщымыIэ гъащIэм зэрыщыпсэугъуейр. Курыт школхэм, пэщIэдзэ классхэм къыщыщIэдзауэ, я программэхэм хэтащ «труд», «домоводство», «трактор» дерсхэр. Ахэр зыкIи къыкIэрагъэхуртэкъым есэпым, бзэхэм, биологием, физикэм.
 5-нэ классым къыщыщIэдзауэ цIыкIухэр зэрырагъаджэ программэм дэн-бзэнымрэ IэпщIэлъэпщIэнымкIэ дерсхэр хэтт, а IэщIагъэр сабий щIыкIэ къегъэщтэн зэрыхуейм тещIыхьауэ. ЩIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ зэпэщхьэхуэу ирагъаджэрт. Апхуэдэ дерсхэм я къалэныр мастэнэ къихыным, пхъэмрэ гъущIымрэ елэжьыным я закъуэтэкъым - IэщIагъэр и лъабжьэу, цIыкIухэм драгъэкIуэкIырт къабзагъэм, унагъуэ зехьэным хуэзыущий псалъэмакъ купщIафIэхэр. ИужькIэ, а псоми хуэмеижу, илъэс тIощIырыпщIкIэ щIалэгъуалэм я щхьэм иралъхьащ компьютер фIэкIа я нэм илъагъун хуэмейуэ.
Ноби къыдолъыхъуэ КъуэкIыпIэ къэралхэм щащIа хьэпшыпыфIхэр, щыгъыныгъуэхэр. Ахэр къыщIэзыгъэкIыр IэщIагъэм хуэIэижь лэжьакIуэхэрщ, ирехъу дакIуэ, лакIуэ, гъукIэ, н.къ. Дунейр къызэриухуэрэ хабзэ гъэхуам тету псэу японхэм удз гъэгъа Iэрамэхэр дахэу зэзыгъэкIуфхэм пщIэ лей щыхуащIу къокIуэкI. Ди адыгэ щIалэ цIыкIухэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ ящIыгъуу губгъуэм мэкъу Iэнащтэ здашэрт, лэжьыгъэм и IэфIыр зыхащIэу къыдэкIуэтейрт. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазищыр еджапIэ къэс зэраублэр губгъуэ лэжьыгъэт: губгъуэм къыщытеува нартыху хьэсэхэр япщIэрт. Бжьыхьэр къэсу, школым щIэтIысхьэжа нэужьи, тхьэмахуитI лэжьыгъэр аргуэру къапэплъэрт - нартыхур къэзых комбайным и ужьым иту абы къыкIэрыхуа гъавэр къащыпыжырт. Арати, къыдэкIуэтей щIэблэмрэ лэжьыгъэмрэ зэи зэфIэкIуэдыпIэ яIэтэкъым. Ар, лэжьыгъэ къудей мыхъуу, гъэсэныгъэ дерс псо ирикъурт. Псалъэм папщIэ, классыр зи IэмыщIэ илъхэм, а хьэсэм здыхэтым, хунэсырт цIыкIухэм къуажэхьхэр кърагъэщIэну, адыгэ, урыс псынщIэрыпсалъэхэм, лэжьыгъэм теухуа псалъэжьхэм щагъэгъуэзэну. 
Школым зэрыщрагъаджэ программэм хэт дерсхэр ди школхэм щиухырт 8-нэ классым. Абы ирихьэлIэу еджакIуэхэм къахэбгъуэтэнутэкъым бостей, кIэ къызэрыгуэкI цIыкIухэр зи щхьэм хуэзымыдыжыфын хъыджэбз цIыкIурэ шэнт щхьэгуэ, стIол цIыкIу нэхъ мыхъуми зи Iэм имыщI щIалэ цIыкIурэ. Абыхэм къадэкIуэу щIалэ цIыкIухэр щагъэгъуазэрт электрокъарур зищIысым, абы пыщIа шынагъуэхэм зэрызыщыпхъумэнум… Ахэр псори гъащIэмрэ псэуныгъэмрэ я дерст.
Псалъэм папщIэ, лэжьыгъэ дерсхэр Германием зэрыщрагъэкIуэкIыу щытар къэтщтэнщи, курыт еджапIэхэм илъэс 12-кIэ щеджэрт. Иужьрей илъэситIым еджакIуэ къэс езым фIэфI IэщIагъэ гуэр къыхихыу абы хуеджэн хуейт. А пIалъэр зэфIэкIа нэужь, курыт еджапIэр къызэриухамкIэ аттестатым щIыгъуу абыхэм къратыжырт IэщIагъэ щхьэхуэ зэрызрагъэгъуэтамкIэ дэфтэрхэри. А тIури зэгъусэу курыт школым щызэфIэкIырт, адэкIэ, щхьэж зэрыхуейуэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэнуми хуиту. Илъэси 10-кIэ щеджэ ди курыт еджапIэхэм, фызэрыщыгъуазэщи, ардыдэр къыщрахьэлIэрт, ауэ илъэсипщI мардэм къитIасэу. ТIум щыгъуэми, IэщIагъэмрэ лэжьыгъэмрэ пщIэ иIащ икIи дызыщыгуфIыкIыпхъэщ а Iуэхур къызэрагъэщIэрэщIэжыр. 
Лэжьыгъэ дерсхэр егъэкIуэкIынымрэ IэщIагъэ зэгъэгъуэтынымрэ ехьэлIа Iуэхухэр иджыпсту ефIэкIуащ, ауэ абыи емылъытауэ, цIыху къэс зыгуэрым хуэфIыныр псом ящхьэщ. Лэжьыгъэ дерсхэм я фIыгъэкIэ сабийхэр зыщагъэгъуазэ дэтхэнэ зы лэжьыгъэри Iэужьыншэ хъунукъым икIи гъащIэм къащыхуэщхьэпэжынущ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми цIыкIухэр зэрешалIэ, ахэр зэрылъытэнымкIэ, зэрылъагъунымкIэ къежьапIэ мэхъу.
Нобэрей лэжьыгъэ дерсхэр, дауи, зэманым елъытащ - псоми захъуэж, щымыIа къоунэху. Псом ящхьэр гуащIэдэкIым пщIэ игъуэтыжынырщ. 
 

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться:

Читать также: