НэгъуэщI лъэхъэнэ

Сабиигъуэр гъащIэм и щIэдзапIэщ, цIыхум и зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ пIалъэщ. Нэхъ пасэм, телефонхэмрэ компьютерхэмрэ щыщымыIа лъэхъэнэм, лъэпкъ джэгукIэ куэд адыгэм яIэу щытащ ныбжьыщIэхэм я къэухьым зрагъэужьу. Абыхэм къищынэмыщIауэ, сабийхэм езым я джэгукIэхэр къагупсысыжырт, адэ-анэхэр губгъуэм, лэжьапIэм щыIэху, я щхьэ трагъэууэ. Пасэ зэманым щыщ зы махуэщ КIэрашэ Михаил къытхуиIуэтэжа мы хъыбарыр.

…Къаншыуей къуажэ клубыжьым, абы щыгъуэм токуи зэмышэлIам, тхьэмахуэм зэ къыщызэрагъэпэщыфырт индейцхэм ятеухуа фильмыр щагъэлъэгъуэну. Фильмыр кIыхьу екIуэкIырт. Куэдрэ зэкIарагъэпщIэжыру зэманым къыдекIуэкIа кинолентI тIорысэр зэ, тIэу зэпычыжынти - угувэнум къеблагъэ! Языныкъуэхэми еплъ ныкъуэу кинор зэпыурти, яхущегъэжьэжыртэкъым. Абы щыгъуэм жылэдэсым я насып къихьмэ, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI хуэдэ дэкIмэ, фильмыр и кIэм нагъэсыжынут.

… Жьгъейхэм мурад ящIащ зи кIэухыр иджыри ямылъэгъуа фильмым, езыхэр хэт хуэдэу, «гъунэ иралъыну». Сэ къысхуагъэлъэгъуар лIыхъужь нэхъ гурымыхь дыдэрт. Ар Америкэм щыпсэу къэзэуакIуэт. ЯтIагъуэ фIыцIэкIэ пащIэ зытесщIыхьри, мэлыцым къыхэсщIыкIа ажэ жьакIэ псыгъуэр зытезгъэувэжащ. Дыгъэм зи фэр трихуа, чэтэн Iувым къыхэщIыкIа тепхъуэр щIым хэслъафэу зытездзэри, ди адэм IуэхугъуитIкIэ - гуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ я деж - къищтэ хабзэ пыIэ фIыцIэр щхьэрыстIэгъащ, апхуэдэуи зауэм кърихауэ ди адэр зригъэщIагъуэу цIуужу зэрихьэ фэ шырыкъуитIыр зылъыпысIуащ. Шабзэ схуэхъуащ тутей къудамэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ си ролыр згъэзэщIэным хуэхьэзыр сыхъуащ. Си теплъэм, уеблэмэ, «жьгъейхэр» къигъэшынэжат, ди хьэжь Цомэти, къекIуэкIыну Iуэхур зэрыфIэгъэщIэгъуэныр къригъэлъагъуэу къызэбэну къэуващ: «АдэкIэ-щэ?» - жыхуиIэ пэлъытэу.

Индейцхэм си ныбжьэгъухэм - Тимошэ, Лиуан, ВалерикитIым - я напэхэр къуэлэну кърацIэлыкIри, пщIантIэм щыулъэпхъащэу дэт джэдкъазым къыхача къабзийхэмкIэ я щхьэцхэр ягъэдэхащ. КIарц жыгхэр къафыщIащ, абыхэмкIэ Iэщэхэр яузэдри, шабзэхэр хадэкIэм щыкI щIэпым и жэпкъхэм къыхабзыкIыжащ. Уэшх уэр къешха нэужь, Мэлгъэбэг ИпщэмкIэ илъэсым зэ е тIэу кърихьэх псыдзэм ШадыкIэ нэс къикIыу ди къуэкIийнэфым дунейм тет хьэбыршыбырыр дэз ищIырт. Ди «индейцхэр» абы щыгъуазэти, абы щызэхуахьэса гъухухэр шабзэшэ яхуэхъуащ.

Зы Iуэху нэхъыщхьэ тIэщIэкIащ - псоми зэрызыдгъэхьэзырым набдзэгубдзаплъэу еплъу щыса Цомэ и ролыр дубзыхуатэкъым. Ар сэ къызбгъэданэри, гупу зызыгуэшахэм зы меданым загъэбзэхащ - дэнэкIэ къуэгъэнапIэ иIэми, зыкъуадзащ. Апхуэдэ «тIысыпIэ» щэхухэр щыгъунэжт пщIантIэшхуэм, ди хадэм къищынэмыщIа, ди адэ къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэ и хадитIым. Хэти зыкъуигъапщкIуэрт бэрэжьей, шыпсыранэ, мэзбзий къуацэхэмкIэ зэщIэкIа къуакIэхэм. Ди хадэшхуэм къыпылъ къуэкIийнэфым зыгуэр дэпщхьэри, кIарц къудамэхэмрэ жыг делэхэмрэ зыхигъэпщкIухьащ.

ПщIантIэр зэуэ щым, нэщI къэхъуащ. Лъапсэм уридыхьэу егъэувэкIа пхъэбгъу зэкIэрыIулIа тIорысэ дыдэм сэрэ (лIыхъужь ткIийр) си хьэ гъэсамрэ (хьэм нэхърэ, кхъуэпIащэм нэхъ ебгъэщхьынур) дыкъыIунауэ дыкIэрытщ. Къапщтэмэ, къуажэкум щыбгъуэтынутэкъым Цомэ нэхъ хьэ губзыгъэ. ИгъащIэм ар зыми едзэкъатэкъым, ауэ иджыри сэлэт бгырыпхкIэ пха пхъэбгъу куэбжэм зыри къыфIигъэкIатэкъым: благъи, жэрэгъуи, хьэщIи, пощтзехьи. Зы цIыху закъуэм хэхауэ ар хущытт: зи акъылкIэ нэгъуэщIхэм емыщхь Гуэщланэт. Куэбжэпэм къыщыщIэдзауэ Цомэ абы и Iэм, и напэм ебзейуэ, унэм нэс нишэсырт. Iэгъуэблагъэм ит хьэхэм абы пщIэ къыхуащIми ярейт, уэрамым хамэхьэ къыдэзэрыхьамэ, Цомэ и жанагъымкIэ абы и лъэр щIиудынут (езым хуэдэу тIу хъу пэтми)…

Аращи, дыщытщ Цомэрэ сэрэ ди закъуэу куэбжэпэм деж. «ИIэ, къэлъыхъуэ-тIэ!» - унафэ хуэсщIащ си дэрэгъум. Джэгур зэрыдублэу, зы дакъикъэм абы пабжьэм къыхихуащ япэ индейцыр - Лиуан. Арат япэу «шабзэшэкIэ» къыхэукIар. Сэри си шабзэр щысшэщIым, абы и набдзэм хуэзэу сытехуащ. Ди насыпти, и набдзэм дыркъуэ тIэкIу къытена фIэкIа, ягъэк1атэкъым.

ЕтIуанэ шабзэр щызутIыпщым, етIуанэ индейцыр «къэзукIащ». Ар си къуэш цIыкIу Валерикт, чей нэщIым зриудыгъуауэ Цомэ къигъуэтат. Валерик къыскIэлъыуат, арщхьэкIэ шабзэшэр блэлъэтащ къыстемыхуэу. Ещанэр, Тимошэ, нэхъ егугъуауэ зигъэпщкIуауэ къыщIэкIащ. КъуэкIийнэф куум дыщылъыхъуэн хуей щыхъум, Цомэ абдежи щакIуэхьэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Тимошэ здыхэсыр абы банэурэ сигъэлъагъури, ари къыкъуэтхуащ.

ЗэрыгъэкIий-зэщIэгъуагэ макъыр пщIантIэм зэуэ дэз къэхъуащ. Лиуан и набдзэм лъыр къожэх, Валерик и пхэщIыщхьэм шабзэшэм зыхитIащи, къежыхь… Псом нэхърэ зи пхъэ къикIар Тимошэт - абы шабзэшэр и дамащхьэм телъэтыкIри, мащIэу иуIауэ арат. Сызытемыхуар ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэщ. Къэхъуа псор абы щилъагъум, жэрыжэу зричри ежэкIыжащ. СыкIэлъыуами, а зыр сIэщIэкIат.

Зэрызехьэ макъым игъэгузавэри, езыр-езыру къыщIэмыкIыф ди анэшхуэ Фаризэти  щхьэгъубжэм нэс къэкIуэтауэ мэкIий. Гъунэгъухэр асыхьэту къежэкIащ. ЦIыху гупыр зэхэту ди анэр къыдыхьэжащ. Хъыбарыр щIэхыу нагъэсащ къуажэ сымаджэщым, Лиуан и адэ Хьэжпагуэ щылажьэм. Хьэжпагуэ ди къуажэ дохутыр Артюшэ щIыгъуу, къыдэлъэдащ пщIантIэм. ЗанщIэуи уIэгъэ хъуа «индейцхэм» ядэIэпыкъун щIидзащ. Валерик и пхэщIыщхьэм шабзэр къыхачыжри, Лиуанрэ Тимошэри еIэзащ. Абы псори игъэсабырыжащ, къэхъуа щIагъуэ зэрыщымыIэр яжриIэри. ИужькIэ «лIыхъужь бзаджэр» къызапэсри, куэдрэ а махуэр сигу къагъэкIыжащ.

Сэ абы щыгъуэм сыукIытэжат щIэщхъу сIэщIэкIам щхьэкIэ. Сыкъамылъагъум псори зэуэ ящыгъупщэжын си гугъэу, къуажапщэмкIэ щыпсэу ди адэ шыпхъу Хьэтхъэнхэ я деж сыщIэпхъуат. МахуищкIэ сыкъикIакъым абыхэм я деж.

Ар къуажэ амбулаторэм щылэжьат. Сымаджэщым къабзагъэм зэрыщыкIэлъыплъ хабзэм хуэдэу, абы и унэри сыт щыгъуи зэлъыIухат, и хьэкъущыкъур цIуужырт, зы сабэ кIапэ лъэгуи щхьэгъубжи щыплъагъунутэкъым. Абы и унэм ущыщIэскIэ уи гур псэхурт.

Махуищ дэкIа нэужь, сыкIуэжащ ди пщIантIэ. Сызэримыгугъауэ, си къуэш цIыкIухэр къысхуэзэшауэ гуфIэжу къыспежьат. Дыркъуэ ятездзахэри хэгъуэщэжауэ, езыхэми псори ящыгъупщэжауэ: «Иджы сыт тщIэнур?» - жаIэ хуэдэу къыздэплъейрт…

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: