УсакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ

УсакIуэхэм я зэпеуэ иджы япэу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щекIуэкIынущ. Налшык щызэрихьэлIэнущ Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ ныбжьыщIэхэр. 

Зэхыхьэр къызэрагъэ­пэщ КИФЩI-м и япэ щIалэ­гъуалэ литературэ фестивалым хыхьэу. Ар щекIуэкIынур фокIадэм и 25 - 28 махуэхэрщ. Iуэхум зэригъэцIыхунущ урысыбзэкIэ тхэ усакIуэ ныбжьыщIэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ,    абы хэтынухэр иджыпсту онлайну къыхатхыкIын щIа­дзащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм Iэрагъэхьэн хуейщ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм теухуа тхыгъэрэ нэхъыфIу къалъытэ я зы усэрэ. Апхуэдэуи зэпе-уэм хэтынухэм къагъэлъэ­гъуапхъэщ я ехъулIэныгъэ­хэмрэ социальнэ сетхэм ща­Iэ напэкIуэцIхэмрэ.
- Мы Iуэхум къыдогъэблагъэ илъэс 16-м къыщыщIэ­дзауэ 35-м нэс зи ныбжьхэр. Тхыгъэ нэхъыфIхэр къэп­щыта­кIуэ гупым къыхихынущ. А гупым хэтынущ усакIуэхэр, филологхэр, гъуазджэм и лэ­жьакIуэхэр. Литературэ и лъэ­ныкъуэкIэ мы Iуэхур икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. ЩIалэгъуалэм IэмалыфI яIэнущ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьэну, ахэр цIыхухэм зэхрагъэхыну. Къапщтэмэ, ди мурад нэхъыщхьэр усакIуэ зэ­чиифIэхэр къэдгъэнэIуэнращ, - жеIэ зэпеуэм и къы­­зэ­гъэпэщакIуэхэм ящыщ IэхъуэджакIуэ Иринэ. 
Зэхьэзэхуэр Iыхьищу ягуэ­шынущ. ЩIалэгъуалэм да­къикъэ щырыщ яIэнущ зы­къагъэлъэгъуэну. Къэп­щыта­кIуэхэм япэщIыкIэ цIыхуипщI къыхахын хуейщ, кIэух Iыхьэм пхыкIынур щы къудейщ. Зэ­пеуэм усэ гъэпсыкIэм и фIагъым и закъуэкъым къыщапщытэнур, атIэ абы гъэхуауэ утыку къызэрыщеджэнури къа­лъытэнущ. Зэпеуэм щытекIуэ усакIуэхэр щIыхь тхылъ­кIэ, медалрэ фэеплъ тыгъэхэмкIэ ягъэпажэнущ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: