Ди зэманым сату IуэхукIэ цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр апхуэдизу куэд хъуащи, гъащIэм и IэнатIэу ахэр зылъэмыIэс гъуэтыгъуейщ.
Шэч къызытедмыхьэнщ хьэрычэтыщIэхэм Iуэхутхьэбзэрэ хьэпшыпкIэ цIыхухэр къызэрызэрагъэпэщыр къэралым и экономикэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и зы Iыхьэу зэрыщытми.
Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, сату Iуэхум пыщIащ хьэрычэт цIыкIумрэ курытымкIэ IуэхущIапIэхэм я ныкъуэм щIигъур. Къыхэгъэщыпхъэщ, къэралым и бюджетым хэхъуэ хъарзыни абыхэм зэрыхалъхьэр.
«Сату Iуэхум и капитану» тлъытэ хъунухэри нэрылъагъущ. Ахэр хьэрычэтым (бизнесым) телажьэхэм ящыщу, зызыхъуэж зэманми зыдезыгъэкIуу, цIыхухэр нэхъ зыщIэупщIэхэм пэджэжыфхэрщ.
2024 гъэр «Унагъуэм и илъэсу» Урысей Федерацэм щагъэуващ. Абы къыхэкIыуи, мы гъэм гулъытэ хэIэтыкIа нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу уней хьэрычэтри къалъытащ.
«Унагъуэ хьэрычэт» зыфIаща Iуэхур Урысейм и хабзэхэм щыщIэгъэбыдэным теухуа псалъэмакъ щхьэпэ иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым ФедерацэмкIэ и Советым деж къыщызэрагъэпэща зэIущIэу «Унагъуэ хьэрычэтым зегъэужьынымрэ зыщIэгъэкъуэнымкIэ Урысейм щыIэ хэкIыпIэхэмрэ абы ехьэлIауэ щIыналъэхэм щагъэзащIэмрэ» зыфIащар.
Ди республикэм унагъуэ хьэрычэтым и теплъэ удэзыхьэхыр нэхъ убгъуауэ къыщызыгъэлъагъуэхэм ящыщу тхужыIэнущ «Ридада» ООО-м егъэщIылIа ресторан бжыгъэу ЛIампIэжь Лерэ Мухьэмэдхъан и пхъур зи унафэщIыр.
А бзылъхугъэм и лэжьыгъэ гъуэгуанэр зэрыщыту зэпхар, дапхуэдизу ар мыгъэщIэгъуэнми, къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Ар и щыхьэтщ ехъулIэныгъэ зыIэрыбгъэхьэн папщIэ Iэмал имыIэу къалэшхуэхэм уIэпхъуэн зэрыхуэмейм. Нэхъыщхьэр къарурэ зэфIэкIрэ узэриIэр уи фIэщ пхуэщIыжу, плъапIэу къыхэпхам зэщIэкъуарэ ерыщу ухуеIэнырщ.
ЛампIэжьым и IуэхущIапIэр ящыщщ хьэрычэтыщIэхэр щызэрихьэлIэ зэхуэс зэмылIэужьыгъуэу щIыналъэ зэхуаку, республикэ мыхьэнэ зиIэхэм къыщагъэлъагъуэхэм, щылажьэхэр ирагъэблагъэрэ къыщагъэпсалъэу.
Къыхиха IэщIагъэм хуэIэижь бзылъхугъэ гуащIафIэр ПщафIэхэм я Кавказ - Ищхъэрэ зэгухьэныгъэм хэтщ. Абы къратащ Урысейм и пщафIэхэм я щIыналъэ зэхуаку зэгухьэныгъэм и дипломыр. И лэжьыгъэм пщIэ къызэрыхуащIым и щыхьэту, ЛампIэжь Лерэ къыхуагъэфэщащ Хьэрычэтымрэ фIагъымкIэ Евро-Азиат академием и тыгъэ нэхъ лъапIэу ябж «Рубиновый крест» зи фIэщыгъэмрэ КъБР-м и ЩIыхь тхылъымрэ. Абы къыфIащащ «КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри. 2018 гъэм ЛампIэжьыр щытекIуащ урысейпсо зэпеуэу «Илъэсым и унафэщI бзылъхугъэ» зыфIащам.
ЛампIэжь Лерэ къелъытэ къехъулIахэм, езым и мызакъуэу, къыдэлажьэ псоми я фIыщIэ хэлъу, и унагъуэм щыщхэри къадыхэту. Ахэращ абы къыдэIэпыкъур цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ-зыщIэупщIэм ехьэлIауэ я лэжьыгъэр зэтраухуэнымкIи IэнатIэр дуней псом щызекIуэ пщалъэ нэхъ лъагэхэм лъагъэIэсынымкIи.
Лерэ и лэжьыгъэм мыхьэнэ зимыIэу къэлъытапхъэ «шхий» хуэдизи хилъагъуэркъым. Абы и фIэщ мэхъу унафэщIым зы лъэхъэнэ кIэщIым къриубыдэу къалэн куэд и пщэ зэрыдилъхьэжыфынури нэхъыбэм хэзыщIыкIыр адрейхэм щIэгъэкъуэн зэрахуэхъуфынури.
ЛампIэжь Лерэ къыдэлажьэхэр зыхуиущийр къахуеблагъэхэм нэгъэсауэ дахэу яхупыкъуэкIынырщ, дэтхэнэ-ми и гъащIэ псокIэ игу къинэн хуэдэу, я Iуэхур яхудэхынырщ. Арагъэнущ, ар зи пашэ шхапIэ зыкъизыххэм налшыкдэсхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщхэри къыщIэкIуэр.
Бзылъхугъэ емызэшыжым и дэIэпыкъуэгъу нэсщ и щхьэгъусэ ЛампIэжь Анатоли а тIум япхъу, «Ридада Резиденс» ООО-р къызэIузыха Карини. Лерэ и шыпхъу Маринэрэ Мадинэрэ ящыщщ унагъуэм зыкъыщIэзыгъакъуэхэм.
ЛампIэжь Лерэ республикэми Урысей Федерацэми я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щегъэзащIэ, УФ-м «Торговое единство» зыфIаща и профсоюзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Президиумми КъБР-м и Сату-промышленнэ палатэми хэтщ.