Си егъэджакIуэ

«Адыгэ псалъэм» сыт щыгъуи пыщIэныгъэ яхуиIэщ и щIэджы­кIакIуэхэм. Псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм - абыхэм я лэжьэкIэм, я цIыху хэтыкIэ екIум газетеджэхэр щыгъуазэ тщIым и мызакъуэу, езыхэм я Iуэху еплъы­кIэхэмкIи, я гурыгъу-гурыщIэхэмкIи цIыхухэм ядэгуашэу тхыгъэхэр къытыдодзэ. Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт езанэ курыт школым и егъэджакIуэ Куэшмэн ­Маринэ и тхыгъэ къытIэрыхьар теухуащ я жылэм пщIэ иIэу дэса, иджыблагъэ дунейм ехыжа нэхъыжьыфI Апажэ Сэрэждин.
Щхьэлыкъуэ къуажэм дэс­хэм, егъэджакIуэхэм, еджа­кIуэхэм ­гущIыхьэ ящыхъуащ щIэблэм щIэныгъэ етын IэнатIэм илъэс куэдкIэ пэрыта нэхъыжьыфI, лэжьыгъэм и ветеран Апажэ Сэрэждин Гъумар и къуэр дунейм зэрехыжар. Ар 1931 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м мы къуа­жэм къыщалъхуащ. Дэтхэнэ ­мэкъумэшыщIэ унагъуэми хуэ­дэу, абы и адэ-анэр колхозым щылэжьащ. Илъэс пщыкIутIым иту зи адэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Сэрэждин сабиигъуэ тынш иIакъым. 1939 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт еджапIэм щIэтIысхьэри, абы классибгъур къыщиухащ. ИужькIэ ар ­советыдзэм ираджащ икIи абы къулыкъу щищIащ.
Сэрэждин щылэжьащ школ библиотекэм икIи абы къы­дэкIуэу, епщIанэ классыр къыщиухащ Налшык ­къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м.
Сэрэждин зыщIэхъуэпс IэщIагъэр зригъэгъуэтыну 1956 гъэм ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым, адыгэбзэмрэ литературэм­рэ щадж и къудамэм.
1961 гъэм Апажэм университетыр къиухащ икIи япэщIыкIэ Къэрэгъэш къуажэм ягъакIуэри, абы щылэжьащ, иужькIэ Щхьэ­лыкъуэ дэт езанэ курыт еджапIэм илъэс куэдкIэ щIэблэр щригъэджащ.
Анэдэлъхубзэм хуэлэжьэным къыхуалъхуат Сэрэждин. И еджа­кIуэхэм я ехъулIэныгъэр псом ящхьэт абы и дежкIэ. Категорие нэхъыщхьэ зиIэ егъэджакIуэ емызэшыр кIэлъыплъырт сабийхэм яхэлъыпхъэ лъэпкъ гъэсэныгъэми, абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иритырт адыгагъэм, хабзэм, нэмысым.
Апажэ Сэрэждин щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыбгъэдэлъ цIыхут, гу къабзэ зиIэт. И IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм къыдэкIуэу, ар цIыхухэм гуапэу яхэтт, дэтхэнэми дэIэпыкъуну хьэзыру. Зыпэрыт IэнатIэр нэгъэсауэ игъэзащIэрт, и къаруми, и зэманми еблэжыртэкъым. Егугъуу лажьэми, унагъуэр зыхуей хуигъазэрт. И щхьэгъусэ Тэшэло Зоерэ абырэ бынищ зэдапIащ. Ипхъу ФатIимэ и адэм и IэщIагъэр къыхихащ.
Сэрэждин илъэс плIыщIым щIигъукIэ егъэджакIуэу лэжьащ. Абы къыдэкIуэу, школ унафэ­щIым гъэсэныгъэмкIэ и къуэдзэу щытащ. Илъэс куэдкIэ апхуэдэу егугъуу зэрылэжьам папщIэ Апажэм къыхуагъэфэщащ: «Уры­сей Федерацэм цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и ­отличник» дамыгъэр, Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалыр, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ медалыр. Апхуэдэуи Сэрэждин къратащ фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд. Абыхэм ящыщщ КъБР-м Егъэ­джэныгъэмкIэ и министерствэм­рэ щIыпIэ администрацэмрэ къабгъэдэкIхэри.
И лэжьыгъэр ирихьэкIа къудейкъым, атIэ Сэрэждин лъэужь дахэ къигъэнащ. И дуней тетыкIэкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ щапхъэ дахэ игъэлъагъуэу дунейм тетащ ар. Абы и лэжьэкIэр гъуазэ яхуэ­хъуащ ди республикэм егъэджакIуэу щылажьэ куэдым. ЦIыхухэм я гум укъинэжын пап­щIэ, уи гуащIэ уемыблэжу IуэхуфI­хэр яхуэблэ­жьын хуейщ. Сэрэждин зэи тщымыгъупщэн фIы куэд къыт­хуи­гъэнащ.

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться:

Читать также: