КъБР-м хэхыныгъэхэм кIэлъыплъынымкIэ и Жылагъуэ штабым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ щекIуэкIащ республикэм и Жылагъуэ палатэм.
Жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ студентхэмрэ зрагъэблэгъа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ фокIадэм и 8-м екIуэкIыну IэIэтым зэрызыхуагъэхьэзырым.
Зэхуэсахэм и гугъу ящIащ КъБР-м и Парламентым VII зэхуэсыгъуэм и депутат хъунухэр къызэрагъэлъагъуэ Iуэхухэм. Мы зэманым «Политикэ партхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым ипкъ иткIэ, хэхыныгъэхэм хэтыну хуитыныгъэ яIэщ парт 25-м.
Къэбэрдей-Балъкъэрым а хуитыныгъэр къагъэсэбэпащ парти 6-м я щIыналъэ къудамэхэм. «Урысей зэкъуэт» партым кандидати 118-рэ итхащ, КПРФ-м къыбгъэдэкIыу - 68-рэ, ЛДПР-м - 47-рэ, «Новые люди» - 43-рэ, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Хэкупсэхэр - Пэжым и телъхьэу» - 41-рэ, «Удзыфэхэр» - 40. Псори зэхэту 357-рэ мэхъу. Депутат пщэрылъхэр ягъэзэщIэну 70 хахынущ.
КъБР-м и Парламентым и хэхыныгъэхэм иджы япэу къыхыхьащ «Новые люди» партым и лIыкIуэхэри. КъБР-м хэхыныгъэхэм кIэлъыплъынымкIэ и Жылагъуэ штабым и эксперт, Прохладнэм и «Къалэ электрокъарухэр» АО-м и унафэщI Литвинов Роман къызэрыхигъэщамкIэ, партхэм я нэхъыбэр хущIокъу щIыналъэм и гугъуехьхэмрэ федеральнэ Iуэхухэмрэ зэпэшэчауэ елэжьыным.
- УнафэщIхэмрэ жылагъуэмрэ ди къару зэхэлъу делэжьмэ, хэхыныгъэхэр къызыхуэтыншэу екIуэкIынущ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм и щIыналъэщIэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэри мы Iуэхум хэгъэгъуэзэн зэрыхуейр. Иджыпсту дэтхэнэми хуиту Iэ щиIэт мэхъу здэщыIэ щIыпIэм и деж, - жиIащ къэпсэлъам.
КъБР-м и Парламентым и VII зэхуэсыгъуэм и депутат хэхыныгъэхэр егъэкIуэкIыным хэтынущ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэр, щIыналъэ хэхыпIэу 13-рэ участковэ хэхыпIэу 355-рэ, республикэм щыпсэу цIыху мин 540-м щIигъу.
Жылагъуэ штабым и эксперт, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым егъэджэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и факультетым и деканым и къуэдзэ Къарей Расул къыхигъэщащ хабзэм тету IэIэтыр щекIуэкIыну махуэм зэрызыхуагъэхьэзырыр.
КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм пхъэидзэ щекIуэкIащ, республикэм и политикэ партхэм я лIыкIуэхэр телевиденэмрэ радиомрэ пщIэншэу къызэрыщыпсэлъэну зэманым теухуауэ. КъищынэмыщIауэ, партхэм я фIэщыгъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ бюллетеным зэры-
тетыну щыкIэри яубзыхуащ. Мы зэманым ирихьэлIэу, политикэ партхэм ныкъусаныгъэрэ тхьэусыхафэрэ къабгъэдэкIакъым.
Хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым я нэIэ трагъэтынущ жыла- гъуэ кIэлъыплъакIуэхэм. Ахэр иджыпсту Iуэхум щыхагъэгъуазэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм епхауэ къызэрагъэпэща Жылагъуэ штабым. Абы и унафэщI Маслов Николай зэрыжиIэмкIэ, республикэм и муниципальнэ щIыналъэ псоми я хэхыпIэхэм жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ 900-м нэблагъэ щыIэнущ. Апхуэдэуи Iэ щаIэтыну махуэм, фокIадэм и 8-м, Жылагъуэ штабым ЦIыхубэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ центр къыщызэIуахынущ, телефон линие щхьэхуэ ягъэлэжьэнущ. Масловым къыхигъэщащ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм я процент 70-м щIигъур нэхъ ипэкIи хэхыныгъэ Iуэхухэм зэрыхэтар икIи ягъэзэщIэну къалэнхэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр.