ЦIыхумрэ хуабэмрэ

Ди щIыналъэм щыпсэухэр зэмыса хуабэ ямылейр къе­хыну иджыри зигъэхьэзыр хуэдэкъым. Абы и щIыIужкIэ, пшэр техьэ-текI зэпытщ, и зыгъазэ къэс цIыхум зыдагъэшын хуей хъууэ.
АтIэ сыт цIыху къэс ищIапхъэр апхуэдэхэм деж? А упщIэм жэуап кърет гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ дохутыр, Урысейм щыцIэрыIуэ Войновэ ­Екатеринэ:

- Хуабэр градус 30-м щы­фIэ­кIыр, сымаджэхэр къэ­гъэнауэ, цIыху узыншэхэми къатохьэлъэ - жьыр яхури­къуркъым, я гур псынщIэу ­къоуэ, лъыр ­лъагэу доуей, ­периферическэ лъынтхуэхэм нэхъ ину зызэ­Iуах, лъакъуэ­- хэр къопщ, лъынтхуэхэм ­къыркуэхэр кIэрищIэнкIэ шынагъуэ щыIэу. ЦIыхур ямы­лейуэ щыпщIантIэм деж магнийм­-рэ калиймрэ я ионхэр къапкърех, гур зытет лэжьэкIэ мардэм трихуу, лъыри мащIэу ­нэхъ Iув мэхъу, лъынтхуэхэм къищы­нэмы­щIа­уэ, артерие­хэми лъыр щы­зэпцIынкIэ ­хъууэ. ТромбкIэ дызэджэр лъыр къыркуэ цIыкIуу щы­зэпцIым дежщ. Абы лъым хэту къикIухьынкIэ мэхъу икIи щхьэм, гум, тхьэмбылым ­н­эсу иу­выIыхьмэ, цIыхумкIэ шы­нагъуэ хъур аращ. Калиймрэ магниймрэ Iэпкълъэпъкым къыщемэщIэ­кIым деж лъа­къуэхэм хуэш къыхы­хьэнущ. Ар витаминхэмкIэ е а пкъы­гъуэхэр куэду зыхэлъ пхъэ­щхьэмы­щхьэ­хэмрэ хадэ­хэ­кI­хэмкIэ иригъэкъужын хуейщ.
Егъэлеяуэ щыхуабэм деж ­нэхъыфIыр дыгъэ гуащIэм ухэ­мытынырщ. IэмалыншагъэкIэ зыщIыпIэ фыкIуэн хуей хъумэ, уэрамым и жьауапIэ лъэны­къуэр къыхэфх. Псы щIыIэ­тыIэкIэ зызэпыфлъэщIыхь икIи щIэх-щIэхыурэ абы фефэ. Къыфпэщылъ лъэс гъуэгуа­нэм тещIыхьауэ, тыкуэнхэм, музейхэм фыщIыхьэ. Абыхэм щIэт кондиционерхэр сэбэп ­хъунущ фи Iэпкълъэпкъым зыкъищIэжынымкIэ. МащIэу зывгъэпсэхуа нэужь фи гъуэгум пыфщэ. Псы щIыIэтыIэм и къэгъэсэбэпыкIэми дыкъытеувыIэнщ.
Хуабаем деж языныкъуэхэр псынщIэу унэм мэкIуэжри, псы къыпыж щIыIэм кIэщIоувэ, загъэщIыIэтыIэмэ нэхъыфIу къалъытэу. Ар зэранщ - лъынтхуэхэм зэуэ зызэхуашэу инфаркт, инсульт къуатынри хэлъщ. Зэуэ зытефкIа псы щIыIэм гур треху и лэжьэкIэ мардэм, зы дакъикъэм хуэзэу 300-рэ къыщеуэ къэхъуу. Абы лъыр земыкIуэххэу къызэтрегъэувыIэ. щхьэ куцIым и лэжьэкIэм сэкъат инхэр къы­хуихьу. Ар нэхъыбэу зыхуэлъэр цIыхухъухэрщ икIи апхуэдэ щытыкIэ ихуэмэ, занщIэу Дэ­Iэпыкъуэгъу псынщIэм еджэн хуейщ. 
Дунейм и хуабэгъуэм кхъухь­лъатэхэми щысакъыпхъэщ. ­Уэгум ит цIыхум зы сыхьэтым хуэзэу псы стэкан фIокIуэд, ар абы зэман кIыхькIэ исмэ, къытемыхьэлъэнкIэ Iэмал имыIэу. Сыту жыпIэмэ, цIыхум псы куэд фIэкIуэдыху, лъыри нэхъ Iув мэхъу, апщIондэху гумрэ лъынтхуэхэмрэ нэхъри къатохьэлъэ, лъы Iувыр къеп­хуэкIыныр нэхъ гугъущи. Аращ апхуэдэхэм деж гур псынщIэу къыщIеуэр. Абы къыхэкIыу ­кхъухьлъатэм фыщисым деж псы зэпымыууэ фефэ. Фи лъакъуэхэр къызэрымыпщыным, фи лъэдийхэр зэрымыузыным фыхэт, тутын фемыфэ - никотиным лъыр нэхъ Iув ещI, фыздэщысым фи лъакъуэр зыр ­адрейм тевмыдзэ, лъынтхуэхэр фIыуэ лэжьэн, лъыр ­хуиту зекIуэн папщIэ. Кхъухь­лъатэм фитIысхьэн ипэкIэ аспирин таблеткэм и Iыхьэ плIанэм фефэ е фи лъа­къуэ­хэр массаж зыщI лъэпэд ­лъы­ф­тIагъэ. 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:

Читать также: