Нобэ, физкультурникым и махуэм

ШыщхьэуIум и 10-м Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Физкультурникым и махуэр. Ар Iэтауэ ягъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ мы гъэм илъэс 85-рэ ирокъу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар зи махуэр спортсменхэм я закъуэкъым, атIэ зи узыншагъэм гулъытэ хуэзыщI дэтхэнэми и махуэщ. Iэпкълъэпкъыр узыншэмэ, псэри узын­шэщ. ЦIыхур тыншу, узыншэу псэун папщIэ, псом япэ ипщэ къыдэхуэ къалэныр и щхьэр ихъу­мэнырщ, и узыншагъэм кIэлъыплъынырщ, иригъэфIэ­кIуэнырщ. Абы папщIэ Iэмал гъуэзэ­джэщ спортымрэ физкультурэмрэ. А псори ­къалъытауэ, гъэ къэси хуэдэу, Налшык къалэ щагъэлъэпIэнущ Физкультурникым и махуэр.

Налшык къалэ администрацэм ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм къыхилъхьащ а махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм «ZA-спорт!» спорт фестиваль щригъэкIуэкIыну.
Апхуэдэ Iуэху дахэр къызэгъэпэщыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар сабийхэр, щIалэгъуалэр, балигъхэр спортым дегъэхьэхынырщ, физическэ щэнхабзэм пылъ сэбэпынагъыр цIыхухэм зыхегъэщIэнырщ, абыхэм я узыншагъэр а IэмалхэмкIэ ирагъэфIэкIуэным къыхуеджэнырщ.
ШыщхьэуIум и 10-м Налшык къалэ махуэшхуэ концерт щекIуэкIынущ, апхуэдэуи къызэхуэсахэр зэпеуэнущ мы спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ: 
- армрестлинг;
- гырэ къэIэтын;
- Iэ лъэныкъуэкIэ хьэлъэ Iыгъын;
- Iэ лъэныкъуэкIэ шэнт къэIэтын; 
- нэгъуэщIхэри. 
Утыку зыбжанэм щызэхьэзэхуэнухэм кIэлъы­плъынущ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI тренерхэр. 
Зэпеуэм хэтахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратынущ. Абыхэм нэмыщI, текIуахэм хуа­гъэфэщэнущ Налшык къалэ администрацэм ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и кубокымрэ фитнес клубхэм я абонементхэмрэ.
Зэхьэзэхуэм хэтыну ирагъэблагъэ жэрдэм зиIэ псори, я узыншагъэм къахуидэ къудеймэ. 
ЗэхуэсыпIэр: ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэрщ, шыщхьэуIум и 10-м, сыхьэт 17-м, «Чайный домик» шхапIэм и гъунэгъуу. 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: