Къурш щыгу ихьахэм я бжыгъэрыбжэМетр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ иджыблагъэ щагъэуващ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэр къэзыгъэIурыщIэхэм я бжыгъэр къозыгъащIэ Iэмэпсымэ. Ар иджыпстукIэ дунейм щыяпэщ. Апхуэдэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Санкт-Петербург къалэм щыщ, гъуэгуанэ нэхъ гугъу дыдэхэр зэпычыныр IэщIагъэрэ хъуэпсапIэрэ зыхуэхъуахэрщ – «экстремалхэрщ». Урысейм и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм и Телеграм-канал хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэритамкIэ, абыхэм куэд щIауэ я плъапIэт щыгу лъагэхэм я дэкIыгъуэ къэс къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэрыбжэ щыIэныр. Сыту жыпIэмэ, гъуэгуанэ къэс гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIащ, къытрагъэзэжурэ ар я фэм щIэрыщIэу щыдэхуэкIэ, дэтхэнэ зы щхьэдэхыпIэри, бжыгъэкIэ нэхъ мыхъуми, къэгъэнэIуэныр игъуэщ, ар куэдми сэбэп къахуэхъунущ, лIыгъэм и шэсыпIэу зэрыщытри ауэ къэгъэнауэ. Счётчикым зэ текъузэгъуэкIэ и къалэныр егъэзащIэ. Ар пкъыгъуэ быдэхэм къызэрыхэщIыкIам и фIыгъэкIэ илъэс 50-кIэ сэкъатыншэу лэжьэнущ, цIыху мелуаным нэблагъэм я дэкIыгъуэхэр итхынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, а Iэмэпсымэхэр Урысейм и щIыпIэ куэдым - я климат щытыкIэм теухуауэ - илъэситI зэкIэлъыкIуэкIэ щагъэунэхуащ икIи хуэдэ зэрыщымыIэр нэрылъагъу ящыхъуащ. Счётчикымтетщ дыгъэм и системэм хиубыдэ планетиймрэ астрофизикхэм куэд щIауэ къалъыхъуэ, ауэ иджыри къэмыунэхуа ебгъуанэ планетэм и орбитэмрэ. - Ебгъуанэ планетэр гува-щIэхами къагъуэтынущ. Абы ирихьэлIэу абы и къэухьыр ди счётчикым къыщагъуэтынущ къурш щыгухэр зи плъапIэхэм. ЖыпIэнурамэ, ди Iэмэпсымэр губзыгъэщ, зэфIэкI зиIэщ, куэдри лэжьэнущ, - жаIэ Iуэхур къыхэзылъхьахэм. - Бгыр къыпхуэгъэIурыщIэнукъым, абы и щыгум ущынэсам деж и лъагагъым зэман мащIэкIэ зебгъэпщэфыну аркъудейщ, - къыхегъэщ счётчикыр къэзыгупсысахэм ящыщ Селезнёв Владимир. Iуащхьэмахуэ и щыгум а Iэмэпсымэр щагъэувын ипэкIэ щIалэхэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым и унафэщIхэм зыхуагъэзэри зэгурыIуауэ Iуэхур яублащ. Гупыр Iуащхьэмахуэ дашащ зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI икIи илъэс куэд хъуауэ апхуэдэ къалэныр зыгъэзащIэхэм.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




