Композитор гуащIафIэ

Урысей Федерацэми Адыгэ Республикэми я цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и къэрал саугъэ-тым и лауреат, УФ-м и Композиторхэм   я зэгухьэныгъэм хэта композитор, уэ­рэджыIакIуэ, пшынауэ цIэрыIуэ Тхьэ­бысым Умар къызэралъхурэ дыгъуасэ илъэси 105-рэ ирикъуащ. 

- СыкъызыхэкIар адыгэращи, дэнэ щIыпIи щыпсэу си лъэпкъэгъухэм си уэрэдхэр зэхахыну сыхуейщ. Тыркуми, Иорданиеми, Сириеми, Израилми, Америкэм и Штат Зэгуэтхэми щыпсэу    ады­гэхэм мазэ къэмынэу письмо къыс­хуагъэхьу, сэри яхуэстхыжу, языныкъуэхэр къакIуэу, сэри я деж срагъэблагъэу апхуэдэщ. Си уэрэдхэмрэ нотэхэмрэ къы­зэрыщIэупщIэр, ахэр я деж къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ зэрытра­дзэр гуапэщ, - жиIэрт Тхьэбысым Умар.
Нэхъыжьхэм къаIуэтэж хъыбар гъэщIэгъуэнхэм, ягъэзащIэ уэрэдыжьхэмрэ гъыбзэ гуузхэмрэ къыщIэтэджа Тхьэ­бы­сым Умар къызыхуигъэщIар уэрэдымрэ макъамэмрэт. Ар утыку итыху цIыху куэд игъэгуфIащ, и концертхэр гукъинэж ­ящыхъуу. Адыгэ пшыналъэр хъума ­хъуным хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ ­     абы. Тхьэбысымым и уэрэдхэр дзапэ ­уэ­рэду лъэпкъым къыхуэнащ. Апхуэдэ-хэщ Тхьэбысым Умаррэ Бахъуэ БетIалрэ зэдатха «Адыгэ нысэ унэ идошэ», «Хэт епта си гъатхэр?», «Адыгэ пшынэр мэ- д­жэгу», «Сэракъым узирозэр», «Адыгэм ипхъу», «Лъагъуныгъэм и уэрам» уэрэд цIэрыIуэхэр. ЦIыхубэ уэрэд хъуауэ псори зыдежьущ Умар макъамэ зыщIилъхьа, КIыщокъуэ Алим и псалъэхэр зыщIэлъ «ТекIуахэм сэлам», «Лъагъуныгъэ уэрэд», «Зэныбжьэгъубжьэ», «Си Хэку», «Шумахуэ», Жанэ Къырымызэ и псалъэхэр зыщIэлъ «Си къуажэ», «Си вагъуэ», «Уэ уи нитI», нэгъуэщIхэри. КъызэщIэпкъуэжмэ, уэрэд 600-м макъамэ ящIилъхьащ Тхьэ­бысымым. ГъэщIэгъуэнракъэ, цIыхум ­ягу нэмыса уэрэд иIэкъым мы композиторым.
Ди къуэш, гъунэгъу республикэхэм щыпсэухэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис­хэмрэ зэкIэлъыкIуэу, я зэпыщIэныгъэр ягъэбыдэу къогъуэгурыкIуэ. Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я уэрэджыIа­кIуэ­хэм, къэфакIуэхэм ди щIыналъэм кон­цертхэр щат, театрым и артистхэми спектаклхэр щагъэлъагъуэ. Ди республикэм ­       и  артистхэми а щIыпIэхэм зыкъыщагъэлъагъуэ. Тхьэбысым Умар и уэрэд дахэхэм щымыгъуазэ, ахэр зэхэзымыха адыгэ къэгъуэтыгъуейщ. Къэбэрдей-­Балъкъэр радиомрэ телевиденэмрэ я фондым щахъумэ а уэрэд цIэрыIуэхэр. 
- Умар и уэрэдхэр фIыуэ зымылъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми ибгъуэтэнукъым. Гуми псэми къабгъэдэкI а уэрэдхэм я фIа-       гъыр зэхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Арауэ къыщIэкIынущ и лэжьыгъэхэм апхуэдэ щIэупщIэ щIиIэм и щхьэусы­-гъуэр. Лъэпкъ IуэрыIуатэми ар фIы дыдэу щы­гъуазэт. Пшынэмрэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар Умарщ, - жеIэ пшынауэ Iэзэ Анзорыкъуэ Чеслав. 
- Умар хуэдэ композитор гуащIафIэ ды­зэриIам адыгэ лъэпкъыр дрогушхуэ. Тхьэбысым Умар сызэрыдэлэжьахэм ­сринасыпыфIэщ, ар фIыкIэ зигу къинэжахэм сащыщщ. Абы и уэрэдхэм дедаIуэу дыкъэхъуащ. И макъ дахэр зэрызэхэсх-      рэ зыхэслъхьэ щымыIэу сфIэфIщ, - жеIэ ЛIыцIэрыкъуэ Чым.
Макъамэ училищэм щIэтIысхьэну зи ­хъуэпсапIэ Умар уэрэд жыIэным хуэIэзэт икIи макъамэтх хьэзырт, ауэ зауэр    къэ­хъейри, и мурадхэр зригъэтIылъэкIын хуей хъуащ. ЯпэщIыкIэ ар дзэ училищэм щеджащ, итIанэ зауэм Iухьащ. Ажалым пэщIэту зауэм щыIутми, Умар пшынэмрэ адыгэ пшыналъэмрэ IэщIыб ищIакъым. Бийм щхьэмыгъазэу щыпэщIэткIи, абы пщIэхэдзауэ къыздрихьэкIт гитарэр, биишэм кхъузанэм ещхь ищIар. 
Хэнейрэ ар уIэгъэ хъуащ, плIэ ны­къуэдыкъуагъэ игъуэтащ. Берлин къыщащтэм, Умар уIэгъэ хьэлъэ хъууэ сымаджэщым щыщIэхуами, игу къеуэрт гитарэр. ТIэкIу нэхъыфI къызэрыхъужу и ­макъым къызэрихькIэ уэрэд къыхидзащ. АпхуэдизкIэ и уэрэдхэм сымаджэхэри ­къеIэзэ дохутырхэри дихьэхати, къелъэIухэрт иджыри яжриIэну. Аккордеон щIэрыпс къызэрыхуащэхуам  гукъыдэжу къритар къэIуэтэжыгъуейщ. Дивизэм и унафэщIым абы щыгъуэ къыж­риIат адэкIэ Iэщэм и пIэкIэ макъамэр Iэ­пэгъу ищIыну. 1945 гъэм и бжьыгъэм  къигъэзэжащ щалъхуа жылэм. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэхэр къалъытэри, Тхьэбысым Умар орден, медаль 11 къы­хуагъэфэщащ.
 Зи гур зауэм ириуда цIыхухэр мамыр гъа­щIэм къыхэшэжынымкIэ, тегъэгуш­хуэнымкIэ Умар лэжьыгъэшхуэ иригъэ­кIуэкIащ. Ар - цIыхухэм я гукъыдэжым хэзыгъахъуэ, дэрэжэгъуэ къезыт уэрэдхэрт. 
- Адыгэ лъэпкъ макъамэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ Тхьэбысым Умар. И уэрэдхэр зыхэтлъхьэ щымыIэу фIыуэ тлъагъуу догъэзащIэ. Псом хуэ­мыдэу нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ «Уэ уи нитI» уэрэдыр. И уэрэдхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэкIи куэду зэщхьэщокI. Ахэр цIыхухэм, щIыуэпсым, лъагъуныгъэм, ­нэгъуэщIхэми теухуащ, - жиIэгъащ ­РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щауэжь Розэ.
Композиторым траухуа фильмхэр щыIэщ, и уэрэдхэр ягъэзащIэ иджырей щIалэгъуалэм, щIэблэр щагъэгъуазэ зи цIэр щэнхабзэм къыхэна цIыхум и гъащIэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ и колледжым Тхьэбысым Умар и цIэр хуэфащэу зэрехьэ - а псори и фэеплъщ лъэпкъым и гур къыдэзышейуэ псэуа цIыхум. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 

Поделиться:

Читать также: