КъБР-м щыIэ МВД-м къет

 

Сом мелуан бжыгъэ телът

Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм и Следственнэ IэнатIэм и кIэм нигъэсащ илъэс 28-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэу щIалэм, сом мелуан зыдыгъуам ехьэлIа уголовнэ Iуэхур.

Следствием зэриубзыхуамкIэ, 2019 гъэм и мэлыжьыхьым абы илъэс 65-рэ зи ныбжь и цIыхугъэ хьэрычэтыщIэ цIыхубзым, пхъэщхьэмыщхьэхэр щэным пыщIам, зыхуигъэзащ мыIэрысэ тонн 21,5-рэ сом 1 мелуанрэ мин 486-кIэ кърищэну. Абы пэкIуэу иритар сом мин 486-рщ, адрейр мыгувэу къыIэригъэхьэжыну къигъэгугъэри. АрщхьэкIэ, бахъсэндэсым и псалъэр игъэзэщIакъым икIи зыкъримыгъэгъуэтыж хъуащ.

КъинэмыщIауэ, Iуэхур щызэхагъэкIым къыщIагъэщащ ягъэкъуаншэм 2021 гъэм и жэпуэгъуэм къыщыщIэдзауэ 2023 гъэм и мазаем къриубыдэу илъэс 40 зи ныбжь и ныбжьэгъум Iыхьэ-Iыхьэурэ щIыхуэу сом мелуани 7 къыIихауэ. ИпэкIэ къэхъуам хуэдэуи, гъэпцIакIуэм ахъшэр езыр зэрыхуейуэ къигъэсэбэпащ, ар зейми щIыхуэр иритыжакъым.

Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм цIыхухъур здэщыIэр къащIэри яубыдащ. Абы унэр имыбгынэну хуагъэуващ.

УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ ар зэрагъэкъуаншэ тхылъхэр Бахъсэн район судым Iэрагъэхьащ.

ХэщIыныгъэу яритахэм щыщ ирагъэпшыныжын мурадкIэ ягъэкъуаншэм и автомашинэ сом мин 500 и уасэр яубыдащ.

                           

Полицейм хабзэр къызэпеуд

КъБР-м щыIэ МВД-м, щIыналъэ УФСБ-м я щхьэ шынагъуэншагъэмкIэ я оперативникхэм къыщIагъэщащ Урысей МВД-м Прохладнэ районым щиIэ къудамэм объектхэр хъумэнымкIэ и взводым и полицейм илэжьа хабзэншагъэр.

 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м ар хабзэхъумэхэм яубыдащ «марихуана» наркотикхэкI грамм 0,54-рэ Шэджэм районым щыпсэу, илъэс 35-рэ зи ныбжь цIыхубзым ирищэну яужь иту.

Абы нэмыщI, хабзэхъумэм и «Лада Гранта» машинэм къыщагъуэтри къытрахащ плъыжь-хужьыфэ капсулэ 56-рэ. Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ар акъылыр зыгъэутхъуэ «прегабалин» пкъыгъуэщ, грамм 21,84-рэ хъууэ.

КъБР-м щыIэ МВД-м къэпщытэныгъэхэр ирегъэкIуэкI, абы кърикIуэхэмкIэ я лэжьакIуэр къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм хагъэкIыжынущ икIи законым ипкъ иткIэ тезыр тралъхьэнущ.

                                     

Уголовнэ Iуэху къаIэтащ

КъБР-м щыIэ МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым и лэжьакIуэхэм УФ-м и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу республикэм щыIэм и ОМОН-м къыдиIыгъыу, Щхьэлыкъуэ щыщ цIыхухъум и лъапсэр щIапщытыкIащ. ПщIантIэ щIыбым полицейхэм щакIуэ фочым ещхь къыщагъуэтри къытрахащ.

Унэ лъапсэр зей, илъэс 31-рэ зи ныбжьым зэрыжиIамкIэ, гъатхэпэм унэр къищэхуащ икIи щIыпIэр щызэщIигъэкъабзэм къуэдзэщым фочыр къыщигъуэтащ. Япэм унэр зея, илъэс 53-рэ зи ныбжь цIыхухъум жиIащ Iэщэр тыгъэ папщIэу бысымыщIэм къызэрыхуигъэнар.

Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ар ягъауэ Iэщэр щагъэхьэзыр заводым къыщыщIагъэкIащ, ауэ абы и зэхэлъыкIэм IэрыщIу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьащ. Iэщэр гъэуэным хуэщIащ.

ЦIыхухъуитIым ятеухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.

Поделиться:

Читать также: