Къэралым и дамыгъэр нобэ къаIэт![]() Урысейм нобэ щагъэлъапIэ Къэрал ныпым и махуэр. «Къэралыгъуэшхуэм и ныпыр - щIыхьым и дамыгъэщ!» фIэщыгъэр иIэу, махуэшхуэм теухуа пшыхь Налшык къалэм Абхъазым и утым щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ республикэ унафэщIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. Къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залым. «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ. Ар ди Хэкум, ди цIыхубэм я тхыдэмрэ лIыгъэмрэ, ехъулIэныгъэхэм я дамыгъэщ, къэкIуэну зэманми къэралыр нэхъ лъэрызехьэ дыхъуным дыхущIэзыгъэкъущ, - жиIащ абы. - Къэрал ныпым щIэту, мы зэманым ди лIыхъужьхэр щыIэщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам. Абыхэм щхьэхуит къащIыж дэтхэнэ щIыналъэми щаIэт УФ-м и Къэрал ныпыр. Абы къигъэлъагъуэу къызолъытэ ныпым и мыхьэнэр зыхуэдизыр. Ди щIалэхэм дохъуэхъу ТекIуэныгъэ къытхуахьу, узыншэу дэтхэнэри и унагъуэм къекIуэлIэжыну. Нышэдибэ нэгъуэщI зы Iуэхугъуи дыхэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэщауэ. ЩIалэгъуалэм даIущIати, упщIэ къаIэтащ ныпым къищынэмыщIа, къэралым и дамыгъэу къэплъытэ хъунум теухуауэ. Нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зы гупсысэм дыхуэкIуащ: ди дамыгъэ нахъыщхьэр - лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу зэхэс, зи блэкIам пщIэ хуэзыщIыж, къэкIуэнур пэжагърэ хахуагъэкIэ зыухуэ цIыхубэращ. Сынывохъуэхъу махуэшхуэмкIэ, ехъулIэныгъэхэр фиIэну си гуапэщ». Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ махуэшхуэм лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм и цIыхубэр зэрызэкъуигъэувэр. «Урысейм и ныпыр нобэ къыщаIэт нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми. Абы къегъэлъагъуэ ныпым пщIэшхуэ зэриIэр, - жиIащ Сэхъурокъуэм. - ЗэрыфщIэщи, иджыблагъэ УФ-м и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ ди хьэщIащ, республикэм и IуэхущIапIэхэм зыщиплъыхьащ. Шэч хэмылъу, ди къэралым и пашэр щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыужьыныгъэу игъуэтам. УФ-м и Къэрал ныпым ирипагэу ар яIыгъщ Хэкур зыхъумэу мы зэманым дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къыщахьу, ди къэралри абы и ныпри тхуэзыхъума ди лIыхъужьхэри. Мамыру дяпэкIи дыпсэун щхьэкIэ, къэрал ныпым зы къарууэ дыщIэувэн, цIыхубэм и зыужьыныгъэм зэран хуэхъухэм дапэщIэтын хуейщ. Сыхуейт дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхищIэу, нобэрей махуэшхуэм и мыхьэнэр къыгурыIуэу зэрызыдужьынум зы гъуэгукIэ дрикIуэну». Пшыхь-пэкIум республикэм и артист пажэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ зыкъыщагъэлъэгъуащ. ЦIыхухэм удз гъэгъахэмкIэ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и теплъэр Абхъазым и утым щащIащ. Махуэшхуэр иухащ Урысейм и Къэрал гимнымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





