Гъэсэныгъэр къыщежьэр унагъуэрщ

      «Унагъуэр псэкупсэ гъэсэныгъэм и лъабжьэщ» проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэн IуэхущIапIэм щIыналъэ зыбжанэ къызэщIэзубыдэ дин зэхуэсышхуэ къызэригъэпэщащ шыщхьэуIум и 20-м.

    «Азимут» зыгъэпсэхупIэм щызэхэта зэхуэсым кърихьэлIащ КИФЩI-мрэ ИФЩI-мрэ я дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм я егъэджакIуэхэр, журналистхэр, дин лэжьакIуэхэр, цIыхубэ жыджэракIуэхэр.

     Зэхуэсым къекIуэлIахэр къригъэблэгъащ икIи утыкум  къыщыпсэлъащ КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр зэакъылэгъу хъуащ гъэсэныгъэм  и лъабжьэр унагъуэм зэрыщагъэтIылъымкIэ. Апхуэдэ гупсысэкIэ адэ-анэм къыбгъэдэзымыха цIыхур жьым зэрихьэм хуэдэу къарууншэ зэрыхъури зэрыдэхьэхыгъуафIэри къыхагъэщащ.

                                      КЪУДЕЙ Iэминэ

   

 

Поделиться:

Читать также: