Ди республикэм процент 55-р къылъосУрысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ наIуэ къищIащ губгъуэхэм, хадэхэм къыщагъэкIа хадэхэкIхэм я куэдагъымкIэ, хуабэщхэм къыщагъэхъуахэр хэмыту, къэралым бжьыпэр щызыIыгъ щIыналъэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы етхуанэ увыпIэр щиубыдащ. Республикэм и щIыналъэхэм я администрацэхэм Мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ я управленэхэм къызэратамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту хадэхэкI зэмылIэужьыгъуэу, губгъуэм къыщагъэкIауэ, кърахьэлIэжащ тонн мин 60-м щIигъу. Ар нэгъабэ щыIа бжыгъэм хуэдиз мэхъу. 2023 гъэм псори зэхэту хадэхэкIыу зэщIакъуэжащ тонн мин 283-м нэблагъэ, хуабэщхэм къыщагъэхъуахэр хэмыту, икIи абыкIэ Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр ди республикэм щиIыгъщ. Къыхэдгъэщынщи, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту кърахьэлIэжа хадэхэкIхэм и процент 55-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Иджыпсту губгъуэхэм щызэщIакъуэжыр хадэхэкI пасэхэрщ, ахэр куэдрэ щылъынукъым, щIымахуэм ягъэтIылъынухэр фокIадэм къехьэлIэжын щIадзэнущ. Абы хохьэ къэбыстэр, пхъыр, жэгундэр, бжьыныр, къэбыр, нэгъуэщIхэри. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




