ЦIыху гъащIэм сом мини 100 хуигъэзатКъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэмрэ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и гуп хэхамрэ (СОБР) я лэжьакIуэхэм яубыдащ нэпсеягъэм къыхэкIыу и цIыхугъэр зыукIыну хэта републикэм щыпсэур. Республикэ МВД-м и УР-м и лэжьакIуэхэм къаIэрыхьат илъэс 32-рэ зи ныбжь налшыкдэсым нэпсеягъэм къыхэкIыу илъэс 42-рэ зи ныбжь и цIыхугъэр иукIыну мурад зэриIэм теухуа хъыбар. Ар езым зэрыхузэфIэмыкIынур къыгурыIуэрти, ахъшэкIэ зэфIэзыхын къищтэну триухуащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




