Франджы журналым къытохуэ

Франджым къыщыдэкI «Roosa» журналым къытехуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхыгъэрэ Налшык щыщ, «Свой стиль» клубым хэт сурэттех Евстратовэ Людмилэ и лэжьыгъэрэ.

Евстратовэ Людмилэ зэрыжиIэмкIэ, куэд щIауэ сурэт трех, илъэситI ипэкIэ «Свой стиль» клубым хыхьащ. Хамэ къэралхэм къыщыдэкI «Вог», «Фиджи» журналхэм ар куэд щIауэ ядолажьэ, уеблэмэ триха сурэтхэр япэ напэкIуэцIым къыщытрадзи щыIэу.

- Сурэттехым дежкIэ гугъукъым хамэ къэралхэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ ядэлэжьэныр – интернетми иIэщ уи лэжьыгъэхэр щыбгъэлъагъуэ хъуну сайт. Журналхэр зыщIэупщIэ сурэтхэм ятеухуа хъыбари абы къыщыхьащ, - жеIэ Людмилэ. – Къэбгъэлъагъуэмэ, Японием къыщыдэкI журналхэм ящыщ зым я лэжьакIуэхэм ягу ирихьащ джэдум тесха сурэтыр икIи абы и гъащIэм теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм сахутепсэлъыхьыну къызэлъэIуащ. Журнал цIэрыIуэхэм я редактор нэхъыщхьэхэр лэжьыгъэр традзэн и пэ зэпымыууэ щIоупщIэ ар зеймрэ абы къыщыгъэлъэгъуа цIыхумрэ я арэзыныгъэм.

Евстратовэм нэхъыбэу гулъытэ зыхуищIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэмрэ абы щыпсэухэмрэщ. СурэтыщIыр мы гъэм хэтащ «Къэрал нэхъ дахэ дыдэ» урысейпсо зэпеуэм икIи и жып телефонымкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щытриха сурэтыр лэжьыгъэ нэхъыфIипщIым ящыщу къалъытащ. Мы зэманым ар щагъэлъагъуэ Кронштадт щекIуэкI выставкэм щыщ, «Жып телефонкIэ траха лэжьыгъэхэр» Iыхьэм. КъэпщытакIуэ гупым яхэтащ Шойгу Сергей, артист цIэрыIуэхэр.

ЩIэупщIэшхуэ зиIэ журнал цIэрыIуэхэм ящыщу Людмилэ и лэжьыгъэр къызытехуахэр езым къищэхужыркъым, ауэ абы традза и сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуахэм ссылкэхэр зэпымыууэ яхуегъэхь.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъур ягъэлъэпIа нэужь, хэку куэдым къыщыдэкI журнал гъэщIэрэщIахэм къытехуат ди щIыналъэм и махуэшхуэр зэраIэтам теухуауэ Евстратовэ Людмилэ триха лэжьыгъэ дахэхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

Поделиться: