Хьэуа здэщымыIэ «Седловина» щIыпIэрЖурналист Аслъэныкъуэ (Хьэтай) Мадинэ Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIам теухуауэ итхыжам къыпызыщэ Iыхьэ: «Мы щIыпIэм дыкъынэсыхукIэ ди къарур куэду тщIэкIащ. Ди гъусэ Катя и жеин къокIуэ. Каринэ къыдгурегъаIуэ хьэуар мыбдежым зэрыщымащIэр, уи нэгу зыгуэрхэр къыщIыхьэу (галлюцинация), жьы умыгъуэту зэрыхъур. Хущхъуэ йофэ, япэрейуэ дыкъызэтоувыIэ. Апщыгъуэм сыхьэти 6 хъуауэ дыкIуэххэт. ДызыIуплъэ, ипэкIэ къытпэщылъ джабэ задэм цIыхухэр лэрыпс зэпыщIам хуэдэу ирокIуэ. Ахэр бгы джабэм къыкIэрощ жьгъейуэ, хэплъагъуэ къудейуэ. Джабэр апхуэдизымкIэ дэгъэзеигъуэщи, дгуэщIам и щхьэжкIэ къытпэщылъым дегъэгужьей. Мыбдежращ япэу шынэ си гум къыщихьар. Гупым я гукъыдэжыфIыр нэхъ ехащ, зыри псалъэкъым, хьэуар яхурикъукъым, къарур дакъикъэ къэс нэхъ мащIэщ. Ди гур къиIэтыну пылъщ нэхъ нэжэгужэу къытхэт Борислав. Мэзхэ Карини къэткIуамкIэ къытхуэарэзыщ. КIапсэкIэ псори дызэпащIэ, ди вакъэхэм «кошки» жыхуаIэ, дзэ папцIэхэр зыIут гъущIхэр кIэщIэтщ, уи лъакъуэр зэблэпхыху ахэр зэфIонэ. Узытет лъагъуэр зы лъакъуэ закъуэ зытехуэ къудейщ. Добакъуэ зы лъэбакъуэм етIуанэр, ещанэр…. ДыкIуэми гъуэгур зи кIыхьагъыр хэмыщI хуэдэщ. Ауэ, уеплъыхмэ, уи щхьэр мэуназэ, метр щэ бжыгъэкIэ лъащIэ здомылъагъу лъагапIэм дыщхьэщытщ. Дыщогугъ гупым къытхэт дэтхэнэми и жэуаплыгъэм. Псори дызэпыщIащ. Уи япэ итми, уи ужь итми ущогугъу, лъагъуэ шынагъуэм тыншу дрикIуэн фIэкIа дыхуейкъым. Зы IэмкIэ уэсым зыхэзыукIэ «ледоруб» Iэмэпсымэр тIыгъщ, етIуанэмкIэ баш папцIэр. Ди лъащIэм уэсыр щопсалъэ, мэскъыскъ… Къытхуэна гъуэгумкIэ сыплъэкъым, иджыри куэд, хьэмэрэ дынэсрэ... Нэхъ и лъащIэу «Седловина» щIыпIэм къыщына, къыдэмыкIуеифа цIыхухэр зэхэтщ. Таучэл зымыщIахэм, зи Iэпкълъэпкъым, щытыкIэм игъэгузэвахэм ягъэзэж… Си гур ящIоуз абыхэми. Апхуэдиз гъуэгуанэ япэщIэкIауэ, дауэрэ? Ауэ мыбдежым хэгъэзыхь щыIэжкъым, узыншагъэм и шынагъуэншагъэм елъыта Iуэхугъуэ хьэлъэм цIыхур пэроувэ. Езы закъуэращ и щхьэ и унафэ зыщIыжыфынур… АдэкIэ докIуэ. Гупым къытхэт Аслъэн къохьэлъэкI. И хьэлъагъым, хьэуар зэрыщымыIэр къытохьэлъэ, зыдоIэжьэ. Калуга щыщ Катя зэрымыкIуэжыфым егъэтхьэусыхэ. Зыдагъэгъэпсэху. Ди гъуэгугъэлъагъуэхэр хэти и щытыкIэм къыткIэлъоплъ, дагъэгушхуэ. Сытхьэусыхэкъым, щэхуу си гупсысэхэм сахэтщ. ТIэкIу дыдэ къэнэжам псэкIэ зыхузогъэхьэзыр. Щыгум дыIуоплъэ… Щыгум Гупыр зэкIэрымыхуу зыр-зым дожьэ, дызэрызэпха кIапсэхэр зэпытхыжащ, щхьэж езым зэрылъэкIыу мэбакъуэ. Доплъэ… Къэнэжар метр 40-м нэсщ. Лъэбакъуэхэр нэхъри нэхъ хуэм, нэхъ хьэлъэ мэхъу. Щыгур нэхъ дэгъэзеигъуэщ. «Апхуэдизуи удэкIуеин хуэмейми аратэкъэ!» согупсыс. Ауэ тIэкIу дыдэщ къэнэжар. Гъуэгугъэлъагъуэ Светэ Борислав щIыгъуу япэ докI. СыкъызэщIоувыIэри сожьэ ди ужь къинахэм. Ауэ щы-гур къызоджэ. ФIэкIа сайжьэжыфынукъым. СыдокI. Си нэгу къыщIоувэ теплъэхэмкIэ слъэгъуа, видеокIэ сызэплъа, си пщIыхьхэм хэмыкIа «Эльбрус 5642» зытет, щимэу щIа ухуэныгъэр. И пащхьэ сотIысхьэ. Схуэмыубыда нэпсхэр къысфIожэх. ГуфIэгъуэмрэ гухэхъуэмрэ зэщIэзыIэтэ си гур къипкIы-ным хуэдэщ. Хэт дэзгуэшын мы си гум щыхъэр?! «Ди Тхьэшхуэ, уи къарукIэ, схузэфIэкIащ!» кIэ зимыIэ, къызэмыдаIуэ нэпсхэр къожэх. ИхъуреягъкIэ Iуащхьэмахуэ къатолыдыкI, и лъэгум щIэт, абы щхьэщэ хуэзыщIым хуэдэу къыпщохъу Кавказ тхы телъыджэр. А бгы папцIэшхуэхэр тафэм хуэдэщ Iуащхьэмахуэ еплъытмэ. Европэм, Урысейм щынэхъ лъагэ бгым и щыгум сиувэн схузэфIэкIащ, сэркIэ ар къызэрымыкIуэщ. Иджы си гъащIэмкIэ сыарэзыщ! А псор си гум щызэрызохьэ! Гуп цIыкIур щыгум щызэхуэс, дэтхэнэри мэгуфIэ, IэплIэ зэхуащI. Псори щыгум дыдэкIын тхузэфIокI. Мы дакъикъэм а цIыхухэр нэхъ уи гъунэгъу дыдэхэм яхуэдэщ, и гъащIэми къызэдэхъуа-зэдэгъуэгурыкIуам дарещхьщ. АтIэ, зэи зэрымыщIа, хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм къикIа нэрыбгэхэр игъащIэкIи иджы Iуащхьэмахуэ дызэрипхащ. Псоми ди гум щыдгъэфIа Iуэхугъуэ дахэри тхузэфIэкIащ! Iуащхьэмахуэ къызогъанэ Уи Iэр, уи лъэр здынэса плъапIэр къохъулIэмэ, абы нэхъыфI сыт щыIэ! Апхуэдэ гуфIэгъуэр ядэбгуэшыну ухуейщ нэхъыфI дыдэу плъагъухэм, псэкIэ уи гъунэгъу дыдэхэм. Ахэр си унагъуэр, къыздалъхуахэр, си ныбжьэгъухэращ. Си гур къыщIитхъыу, си нэхэр хуеплъэкIыурэ Iуащхьэмахуэ къызогъанэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъокIыж. Хэт ищIэн мурадыфIхэм иджыри зэ сыкърашэлIэнкIи хъунщ мы щIыпIэ дахэхэм! ГуфIэгъуэ нэпскIэ къыспожьэ си унагъуэр, сабийхэр, къыздалъхуахэр, си ныбжьэгъухэр. Дэтхэнэми си нэгум щIалъагъуэ хуэдэщ Iуащхьэмахуэ нэгъуэщI цIыху сызэрищIар, гъащIэм и лъапIагъэм и мыхьэнэр щыгум къызэресхьэхар… СыкъызыхуэкIуэжа си бынищым зы жьэу къызжаIэ: «Дрогушхуэ, псом нэхърэ унэхъыфI анэщ!» Сэри си гум щызогъафIэ, нобэ схузэфIэкIа лъагапIэм дяпэкIи си сабийхэр игъэгушхуэну. АбыхэмкIэ щапхъэ яхуэхъуну согугъэ уи хъуэпсапIэм ухуэкIуэныр дапхуэдизу хьэлъэу щымытми, зэбгъэтIылъэкI зэрымыхъунур, абы ущIэкъун зэрыхуейр».
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 11:18 →
Дыгъэм и нур
11.09.2024 - 17:45 →
Лэжьыгъэ щхьэпэ
11.09.2024 - 13:32 →
Дэтхэнэми езым и хабзэ иIэжщ
10.09.2024 - 18:00 →
Уэрыш Мадинэ нэхъыфIхэм хабжэ
10.09.2024 - 14:24 →
Информационное сообщение
|