Сабий 13700-рэКъэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, мы гъэ еджэгъуэщIэм, фокIадэм и 2-м зыщIидзэжынум, школ пщIантIэхэм япэу дыхьэнущ икIи партэхэм дэтIысхьэнущ республикэм и сабий 13700-рэ. Нэгъэба елъытауэ ар цIыху мин 1,5-кIэ нэхъыбэщ. Хабзэ зэрыхъуауи, ЩIэныгъэм и махуэм щIыналъэм и курыт еджапIэ псоми къэрал ныпхэр щаIэтынущ, Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэр къыщрагъэуэнущ. Апхуэдэуи, министерствэм къызэритамкIэ, мы гъэм школ партэхэм дэтIысхьэжынущ псори зэхэту еджакIуэ мини 123-рэ.
Поделиться:
Читать также:
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
12.07.2026 - 11:18 →
ЦIыхугъэм къегъэув я цIэр къыдэхыжыныр
12.07.2026 - 11:18 →
Анэшхуэ
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||




