Хьэмыз Руслан ягъэлъапIэ
ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м и Парламентым и депутат Щхьэгъэпсо Сэфарбий къызэрыхигъэщамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыщу Хьэмыз Руслан хуэбгъэдэн щIэныгъэлI щыIэкъым. Абы и щыхьэтщ Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ институт Москва дэтым япэ дыдэу Кавказым щыщ и унафэщI зэращIар. Щхьэгъэпсом къызэрыхигъэщамкIэ, ЩIДАА-м и президент, сенатор Къанокъуэ Арсен и гуапэ хъуащ Къармэхьэблэ къыдэкIа щIалэр Адыгэ Академием зэрыхыхьар.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 12:01 →
Бахъсэн къалэр ягъэдахэ
| ||




ИилъэситI ипэкIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хагъэхьауэ щытащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием Геохимиемрэ аналитикэ химиемкIэ и институтым, Вернадский В. И. и цIэр зезыхьэм, и унафэщI, физическэ химиемкIэ дунейм щынэхъ цIэрыIуэ IэщIагъэлIхэм ящыщ Хьэмыз Руслан. И унагъуэр и гъусэу щIэныгъэлIыр Налшык зэрыщыхьэщIэр къагъэсэбэпри, Академием и ЩIыхь тхылъымрэ бгъэхэIу дахэмрэ гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Руслан иратыжащ.